УсакIуэшхуэр ягу къагъэкIыж
2022-12-01
- Адыгэ литературэм и классик, усакIуэ икIи тхакIуэ, егъэджакIуэ ЩоджэнцIыкIу Алий дунейм зэрехыжрэ илъэс 81-рэ зэрырикъум теухуауэ щэкIуэгъуэм и 29-м Налшык къалэм пэкIу щызэхэтащ. Ар къыщызэрагъэпэщащ усакIуэшхуэм и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и пщIантIэм дэт и фэеплъым деж.
- ПэкIум щызэхуэсащ тхакIуэхэр, усакIуэхэр, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэр, жылагъуэр, ЩоджэнцIыкIу лъэпкъым щыщхэр.
- — ЩоджэнцIыкIу Алий дунейм зэрехыжрэ илъэс 81-рэ мэхъу. Апхуэдэхэм хужаIэ хабзэщ: «Куэд къимыгъэщIами, лъэужьыфIэ хъуащ», — жиIащ КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Тхьэгъэзит Юрэ. — Лъэпкъ тхыдэмрэ литературэмрэ апхуэдэ лъэужь усакIуэм къыщимыгъэнамэ, илъэс 81-рэ дэкIыжауэ и фэеплъым деж дыщызэхуэсынтэкъым. Абы и лэжьыгъэ купщIафIэхэм, лIэщIыгъуэхэр дэкIми, балигъхэми ныбжьыщIэхэми зыхуагъэзэнущ, ахэр зэманым поджэж, фIымрэ Iеймрэ, захуагъэмрэ мыхъумыщIагъэмрэ къыщигъэлъэгъуащи.
- — Нобэ дигу къыдогъэкIыж адыгэ литератруэм и классик, усакIуэ, тхакIуэ ЩоджэнцIыкIу Алий. Дэтхэнэ зы цIыхуми хуэдэу, ЩоджэнцIыкIум и дежкIэ дамыгъэ нэхъ лъапIэр цIыхубэм зэращымыгъупщэрщ. УсакIуэм и фэеплъыр сыт щыгъуи цIыхухэм ягу илъынущ. Куэд къимыгъэщIами, тхыгъэ купщIафIэхэр къытхуигъэнащ, цIыхубэм, Хэкум хуэпэжащ. Алий и гъащIэмрэ гуащIэмрэ куэдым я щапхъэщ, — жиIащ тхакIуэ, усакIуэ Беппаев МутIэлип.
- ЩоджэнцIыкIум и IэдакъэщIэкIхэм щыщ пэкIум щызэхуэсахэм ягу къагъэкIыжащ. Урыс усакIуэхэм я усэ гъэпсыкIэм яжь къыщIихуами, лъэпкъ усэ гъэпсыкIэр ихъумэн, абы зригъэужьын хузэфIэкIащ. Алий къыщIэнащ адыгэ литературэм и курых хъуа, усэбзэкIэ итха «Къамботрэ Лацэрэ» романыр, поэмэхэр, усэхэр, и публицистикэ тхыгъэхэр, Пушкин Александр, Лермонтов Михаил, Горький Максим, нэгъуэщIхэми я тхыгъэ адыгэбзэкIэ зэридзэкIахэр. ГъащIэ мащIэ зыхуиуха, зэман гугъум халъхуа Алий уэсят пэлъытэу итха «Налшык» усэр урысыбзэкIэ зэрадзэкIащ. Курыт еджапIэм адыгэбзэр щезыгъэдж ЩоджэнцIыкIум хьэрыпыбзэр, тыркубзэр, франджыбзэр, эсперантэр ищIэрт. Зи ныбжьыр илъэс 17-м иту лъэпкъ литературэм лъэ быдэкIэ хыхьа ЩоджэнцIыкIу Алий и лэжьыгъэхэр щIэныгъэлIхэм нэсу къахутэну иджыри хунэсакъым. 1941 гъэм усакIуэшхуэр фронтым кIуа нэужь гъэру яубыдащ икIи зауэм и япэ бжьыхьэм Бобруйск щыIэ концлагерым щылIащ.
- ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артистхэр абы и усэхэм щыщ къеджащ.
- УсакIуэм и фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ къызэхуэсахэм.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.