IэпщIэлъапщIэхэм я IэрыкIхэр
2022-11-26
- Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩэнхабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм щагъэлъагъуэ декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ IэпщIэлъапщIэхэм я лэжьыгъэхэр. «Гъагъэ, си щIыналъэ» — аращ абы фIащар. Ар къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100, ЩэнхабзэмкIэ фондыр илъэс 35-рэ зэрырикъум я щIыхькIэ.
- — Гъуазджэм зэфIэкI щызиIэу республикэм ис щIалэгъуалэ IэпщIэлъапщIэхэр къыхэсшащ мы гъэлъэгъуэныгъэм. ДяпэкIи ди мурадщ мы Iуэхум зедгъэубгъуну, — жиIащ фондым и унафэщI Мэкъуауэ Люазэ. — СурэтыщI ныбжьыщIэхэм я дежкIэ ар IэмалыфIщ езыхэр зэрыцIыхунымкIэ, я лэжьыгъэхэр ягъэлъэгъуэнымкIэ, абыхэм щIэупщIэ яIэнымкIэ.
- Гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуаха нэужь, сурэтыщIхэр чэзууэ къэпсэлъащ икIи ахэр къытеувыIащ сурэт щIыным зэрыдихьэхам, я IэщIагъэр къызэрыхахам, я щIэныгъэм зэрыхагъахъуэм. IэпщIэлъапщIэхэм мастер-классхэр зэратми хагъэгъуэзащ икIи гупыж зыщIхэр абыхэм ирагъэблэгъащ.
- Мыбы щагъэлъагъуэ цIыхубз сумкэхэр, зэрызагъэдахэ цIуугъэнэхэр, гуащэхэр. Къапщтэмэ, кърихьэлIахэм щIэщыгъуэ ящыхъуащ зи лэжьыгъэ хьэлэмэтхэмкIэ къалэдэсхэм къацIыхуа Мысачэ Верэ и гуащэхэр.
- Зэхыхьэм къекIуэлIахэм я нэгу зригъэужьащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и студент, уэрэджыIакIуэ Асеев Къантемыр.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.