ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Махуэшхуэпежьэ

2022-08-23

  • Налшык дэт Театр щхъуантIэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъум хуэгъэпса пшыхь дахэ. Абы хэтащ республикэм и къэфакIуэ нэхъыфIхэу «Кабардинка», «Балкария», «Терские казаки» гупхэр.

  • Нэжэгужагърэ дэрэжэгъуэкIэ гъэнщIа пшыхьыр куэд зыщыгуфIыкIа Iуэхугъуэщ. Япэрауэ, ар къызэрымыкIуэу дахэу къызэрагъэпэщат (гупхэм я къафэ нэхъыфIхэр ягъэзащIэрт). ЕтIуанэрауэ, концертыр пщIэншэти, хуей дэтхэнэри еплъыну Iэмал ягъуэтащ. Театр щхъуантIэм тIысыпIэ нэщI имыIэу цIыхухэр къызэрекIуэлIар, ансамблищыр ди щIыналъэм фIыуэ зэрыщалъагъум и щыхьэту къэплъытэ хъунут. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIамкIэ, абы къекIуэлIам я нэхъыбэр ди республикэм зыщызыгъэпсэхухэм ящыщт. Псом хуэмыдэу гур хигъахъуэрт а хьэщIэхэр ди артистхэм, къафэхэм, фащэхэм дахьэхауэ зэрытепсэлъыхьыр щызэхэпхкIэ.
  • Лъэпкъым и дуней тетыкIэр къызытещ къафэхэмкIэ пшыхьыр къызэIуахащ дуней псор зытхьэкъуа «Кабардинка» гупым. Iэгуауэ инхэр хуаIэ-тащ «Балкария», «Терские казаки» ансамблхэми.
  • — Илъэс куэд щIауэ сыщIэхъуэпсырт мы гупхэм я концерт сыкIуэнууи, къызэхъулIэртэкъым. Иджы, апхуэдэ Iэмал, ари пщIэншэу, зэрызгъуэту, сыкъэкIуащ, икIи сыхущIегъуэжакъым. ГукIи псэкIи зызгъэпсэхуауэ сокIуэж. Гукъеуэ сиIауи сымыщIэжу гукъыдэж къызатащ. ФIыщIэ яхузощI къызэгъэпэщакIуэхэм, — жеIэ пшыхьым дызыщрихьэлIа Щоджэн Нинэ.
  • Концертыр къызэзыгъэпэщар КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэрщ. Абы и унафэщI Къумахуэ Мухьэдин пшыхьым теухуауэ къыщыпсалъэм, ар пIалъэ кIэщIым къриубыдэу зэрагъэхьэзырам и гугъу ищIащ.
  • — МахуипщI дэкIмэ, ди республикэм аргуэру щекIуэкIынущ къэфакIуэ гупхэм я концерт ин. Ауэ абы ансамбль нэхъыбэ хэтынущ. А пшыхьым къедгъэблэгъащ ди къуэш республикэхэм я къэфакIуэ гуп цIэрыIуэхэр. Арати, дэ мурад тщIащ абы и пэ къихуэу, ди ансамблхэм я концерт щхьэхуэ тщIыну, — жеIэ Къумахуэ Мухьэдин.
  • — Ди насып кърихьэкIри, концертыр зэрыщыIэр къэтщIащ. «Абы фымыкIуэмэ, фыхущIегъуэжынущ», — щыжаIэм си фIэщ хъуакъым. Иджы соплъри, защызгъэнщIыркъым, — жеIэ Саратов щIыналъэм къикIауэ ди деж зыщызыгъэпсэху Сычёвэ Галинэ. — Бгырыс къафэхэр зэрыгъэщIэгъуэныр сщIэрт, ауэ апхуэдэ дыдэу телъыджэ си гугъакъым. Си къуэрылъху цIыкIу си гъусэщи, ар мыбы щIэсыху, бгырыс къафэхэм зыхуигъэсэну къытехьащ. Концертыр, къанэ щымыIэу, телефоным трезгъэтхащ, унэм сыкIуэжмэ, сыщыхуейм сеплъыжыфын, ди благъэ-Iыхьлыхэм езгъэлъэгъун хуэдэу, — жеIэ хьэщIэм.
  • Щомахуэ Залинэ.