ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Фи унагъуэм  мамырыгъэ ирырелъ»

2022-06-18

  • А фIэщыгъэм щIэту уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Зарэ (Мгоян Зарифэ) Налшык дэт Театр щхъуантIэм иджыблагъэ концерт ин щитащ.

  • Абы игъэзэщIащ цIыхухэм фIыуэ ялъэгъуа и уэрэдхэр, романсхэр, зауэм теухуахэм-рэ кинофильм зэмылIэужьыгъуэхэм хуатхахэмрэ.
  • Урысейм щIыхь зиIэ и артисткэ, «ЮНЕСКО-м мамырыгъэмкIэ и артисткэ» Зарэ иджы япэу Налшык къэкIуауэ арати, ди щIыналъэр къызэрымыкIуэу игу зэрырихьар къажриIащ журналистхэм.
  • — Хуабжьу сыхуейщ Налшык къытезгъэзэну, — псалъэхэмкIэ къыщIидзащ Зарэ. — Мы щIыналъэм щыпсэу цIыху гуапэхэм, нэфIэгуфIэхэм, хьэщIэ гъафIэхэм я гугъу умыщIи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпсым и къабзагъыр, дахагъыр, ухуэныгъэ телъыджэхэр уасэ зимыIэ фIыгъуэщ. Концертым и пэ къихуэу, зэман къыдэзгъахуэри, Сэралъп Мадинэ и арт-центрым сыщыIати, хуабжьу сигу ирихьащ, ар зи IэщIагъэм хуэпэж, куууэ хэзыщIыкI  цIыху гъэщIэгъуэнщ. Абы и фащэхэр-щэ?! Лъэпкъ тхыдэм, адэжьхэм я Iэужьым апхуэдэ пщIэ хуащIу зэрахъумэр гуапэщ.
  • Си жагъуэ зэрыхъунщи, Налшык сызэрыщыIэнур зы махуэ закъуэщ, ауэ сэ сыщогугъ Iэмал имыIэу иджыри къытезгъэзэжыну.
  • «Фи унагъуэм мамырыгъэ ирырелъ» фIэщыгъэм щIэт концерт программэр Уры-сейм и Ипщэ щIыналъэхэм, Кавказ Ищхъэрэм щитащ Зарэ. Налшык къэкIуэн и пэ ар Мейкъуапэ, Черкесск, Псыхуабэ, Владикавказ щыIащ.
  • Зарэ и макъ дахэм къищынэмыщIауэ, нэхъыбэм фIыуэ щIалъагъу щхьэусыгъуэхэм ящыщщ ар зэпIэзэрыту утыкум зэритыр. Нэхъыщхьэращи, игъэзащIэ уэрэдхэри езым екIуж защIэщ. Ара-гъэнщ ар апхуэдэу гуапэу къыщIрагъэблэгъар. Театр щхъуантIэм щызэхуэсахэр Iэгуауэм щысхьыжыртэкъым, аракъэ дэтхэнэ артистми и хъуэпсапIэр!
  • — ЗгъэзащIэ уэрэдым ещхьу, «Фи унагъуэм мамырыгъэ ирырелъ» цIэр си концертым фIэтщыжащ, — жеIэ артистым. — Иджы хуэдэу а псалъэхэм я мыхьэнэр зэи лъапIэу щы-  тауэ къыщIэкIынкъым. Абы къыхэкIыу, сэ сыхуейт Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу дэтхэнэми и унагъуэм мамырыгъэ, зэгурыIуэныгъэ, гурыфIыгъуэ илъыну, — захуигъэзащ Зарэ ди щIыналъэм щыпсэухэм.
  • Театр щхъуантIэм щызэхуэсахэм Зарэ и уэрэдхэм и нэхъыбэр гукIэ ящIэрти, дежьуурт. Къызэхуэсахэм гуIэфIтещIэж ящыхъуат абы игъэзэщIа и уэрэдыщIэр.
  • Пшыхьым зыкърезыгъэ- хьэлIахэм, езы Зари я гъусэу, я хъуэпсапIэ ягу ираубыдэри, шар гъэпща зэмыфэгъу куэдыкIей уэгум ираутIыпщхьащ. «Фи унагъуэм мамырыгъэ ирырелъ» уэрэдыр Зарэ щигъэзащIэм, хабзэ зэрыхъуауэ (дунейр зэтезыIыгъэр иджы-ри зэ псоми ягу къагъэкIыжу), сабийуэ пшыхьым екIуэлIар утыкум ирашащ.
  • Дуней псом щыцIэрыIуэ артистым хузэфIэкIащ цIыху къызэрыгуэкIыу къызэтенэн. Абы дапщэщи гулъытэ   яхуещI и творчествэр фIыуэ зылъагъу цIыхухэм, псом хуэмыдэу щIэблэм. Ар жыджэру хэтщ псапэ зыпылъ Iуэхухэм, икIи жыпIэ хъунущ, дунейр мамыру щытыным и лэжьыгъэр теухуауэ. Абы и щыхьэтщ ДНР-м, ЛНР-м щыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым къашауэ щыIэ сабийхэр концертым кърагъэблагъэу пщIэншэу зэрырагъэплъар. Концерт нэужьым артисткэм занщIэу ДонбасскIэ иунэтIащ гугъуехь хэхуахэм зэрыхузэфIэкIкIэ защIигъэкъуэн мурад иIэу.
  • Инэрокъуэ Данэ.