Махуэшхуэм екIуу зыхуагъэхьэзыр
2022-05-14
- Ди щIыналъэм хыхьэ щIыпIэ, къалэ, жылэ псоми мы зэманым ухуэныгъэ щхьэпэхэр, зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэфIхэр щокIуэкI. Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу нэр игъэгуфIэу «зыкърихынущ» абы и къалащхьэ Налшыки.
- Махуэшхуэм, зэрихабзэу, екIуу, зэщIэкъуауэ, дахэу IущIэным хуэгъэпсащ къалащхьэм иджыпсту жыджэру щекIуэкI лэжьыгъэхэм я нэхъыбапIэр. Мы илъэсым къриубыдэу Налшык къыщызэIуахынущ абы щыпсэухэм, и хьэщIэхэм зыгъэпсэхупIэ тынш яхуэхъуну къалэ жыг хадэ цIыкIуу блы. А скверхэр ухуэным ехьэлIа лэжьыгъэхэм я зэхуэдитIым нэсыр зэфIэкIауэ жыпIэ хъунущ. Лъэс лъагъуэхэр ягъэбелджылащ, языныкъуэ гъуэгу цIыкIухэм плиткэ екIухэр тралъхьэжащ.
- ЗыгъэпсэхупIэ хадэ цIыкIу-хэр щаухуэ Налшык и щIыпIэ псоми. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ахэр хьэзыр хъунущ дызэрыт илъэсым и шыщхьэуIум и пэщIэдзэхэм.
- Фигу къэдгъэкIыжынщи, скверхэр щаухуэну щIыпIэхэр езы къалэдэсхэм къыхахыжа-уэ щытащ, абы теухуауэ нэгъабэ ирагъэкIуэкIа IэIэтым ипкъ иткIэ. https://07.gorodsreda.ru Интернет сайтымкIэ мы махуэхэм къыщыхах етIанэгъэ зэпэщ ящIыну я мурад щIыпIэхэр. Абы хэтыну Iэмал яIэщ налшыкдэс псоми.
- ТАМБИЙ Линэ.