ФIыщIэ мыухыж яхудощI ди нэхъыжьхэм
2022-05-12
- Налшык щекIуэкIащ республикэм ис хэкупсэхэм ящыщ куэд зэхуэзышэса «Полк уахътыншэ» лъэс зекIуэр. Хэку зауэшхуэм хэта я Iыхьлыхэм я сурэтхэр яIыгъыу, ТекIуэныгъэм хуауса уэрэдхэр жаIэу, Лениным и цIэр зезыхьэ, къалэм и уэрам нэхъыщхьэм ирикIуащ цIыху минхэр.
- ТекIуэныгъэ махуэм епха дауэдапщэхэр Хэку зауэшхуэм хэтахэм я фэеплъхэм я пащхьэм удз гъэгъахэр зэрыхуагъэтIылъымкIэ кърагъажьэри, «МафIэ мыужьыхыжым» деж щызэхэта пэкIумкIэ иухащ. Гъэ къэси зэхыхьэ «Полк уахътыншэм» мы гъэм цIыхухэм я нэ нэхъ къыхуикIырт, пандемием и зэманым интернет IэмалкIэ фIэ-кIа ар зэрырамыгъэкIуэкIыфам къыхэкIыу. Иджы лъэс зекIуэм аргуэру цIыхубэр Налшык и уэрамхэм къыдишащ. Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 щрикъу утыкум деж къыщежьэри, лъэс зекIуэм зыщиубгъуащ Балъкъэр уэрамым нэс. Гупым я пашэт КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, Парламентымрэ Правительствэмрэ хэтхэр. Республикэм и Iэтащхьэр и унагъуэр къыбгъурытрэ Хэку зауэшхуэм хэта и адэшхуэ КIуэкIуэ Мухьэмэд и сурэтыр иIыгъыу, япэ ит сатырым хэту уэрамым ирикIуащ.