«Полк уахътыншэм» цIыху мин 50 зэхуишэсат
2022-05-12
- «Полк уахътыншэм» зэхуишэса лъэс зекIуэм хэтын къудей папщIэ къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къикIа нэхъыжьхэри нэхъыщIэхэри зэщIигъэуIуащ накъыгъэм и 9-м щыIа мы дауэдапщэм. Адэ-модэкIэ «ура»-хэр щызэхэпхыу, цIыхубэм Налшык и уэрам нэхъыщхьэр ягъэбжьыфIащ.
- ЦIыху мин 50-м нэблагъэ къыздрихьэлIа лъэс зекIуэр щиухащ КъБР-м и Правительствэм и Унэр зэрыт ЗэгурыIуэныгъэм и утыкум. Абдеж дыдэм щекIуэкIащ ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ къызэрагъэпэща концерт. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм щыпэрыт творческэ гупхэм ягъэзэщIащ Хэку зауэшхуэм теухуа уэрэдхэр. ЦIыхубэм я лIыкIуэхэр утыкум къихьэри, зауэм хэта ветеранхэмрэ щIыналъэм исхэмрэ ехъуэхъуащ.
- «Нобэ дэ дигу къыдогъэкIыж икIи фIыщIэ мыухыж яхудощI ныбжькIэ а лъэхъэнэм хиубыдахэм, цIыхубэм яшэча а зауэ гущIэгъуншэм и удын хьэлъэр зи фэм дэкIахэм. Абы и щыхьэтщ иджыпсту дыдэ мыбдежым щызэхэта «Полк уахътын-шэм» зэхуишэса цIыху мин бжыгъэр. Тхыдэмрэ хабзэм-рэ пщIэ яхуэзыщI ди лъэп-къыр зэрызэкъуэтым и щыхьэт наIуэ хъуащ нобэрей лъэс зекIуэр», — жиIащ КIуэкIуэ Казбек, щIыналъэм щыщхэм защыхуигъазэм.
- КЪУДЕЙ Iэминэ.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.