ЩIыналъэ пэрытхэм халъытэ
2022-05-13
- Урысейм и Правительствэм ЩIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и президиумым и зи чэзу зэIущIэм КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ хэтащ. Селектор жыпхъэм иту къызэрагъэпэща лэжьыгъэр иригъэкIуэкIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат.
- Ди республикэм и пашэм зэIущIэм хэтахэм я пащхьэ ирилъхьащ, иджырей щытыкIэр къэлъытауэ, ди щIыналъэм лъэпкъ проектхэмрэ федеральнэ программэхэмрэ зэрыщагъэзащIэм теухуа хъыбар. Ди гуапэ зэрыхъущи, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр халъытащ илъэсым и япэ мазищым а унэтIыныгъэхэмкIэ лэжьыгъэхэр ипэ иту щызэфIэзыгъэкI щIыналъэхэм. Илъэс блэкIам и иджырей лъэхъэнэм ебгъапщэмэ, лъэпкъ проектхэмрэ федеральнэ программэхэмрэ нэхъыфIу, нэхъыбэу гъэзэщIа хъуащ, языныкъуэ лэжьыгъэхэмкIи нэгъабэрейм япэ ищащ.
- УФ-м и Правительствэм и вице-премьерыр арэзы хъуащ лъэпкъ проектхэмрэ федеральнэ программэхэмрэ апхуэдэу ехъулIэныгъэкIэ щIыналъэм зэрыщагъэзащIэм.
- 2022 гъэм къриубыдэу а проектхэмрэ программэхэмрэ я лъабжьэу ди республикэм ухуэныгъэ е зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щекIуэкIынущ объекти 100-м нэсым. Iуэхугъуэхэм хухахащ сом меларди 8,2-рэ. А мылъкум щыщу процент 23-м къиубыд лэжьыгъэхэр мы зэманым зэфIэкIащ. Языныкъуэ проектхэмкIэ процент 40-м къиубыд лэжьыгъэхэр ягъэзэщIащ.
- — Ди республикэм къыхуаутIыпщащ Бахъсэн псызекIуапIэ бжьамий зэхэт щыухуэным хуэщIа мылъку. Абы ехьэлIа зэгурыIуэныгъэхэр едухылIащ УФ-м ФинансхэмкIэ, УхуэныгъэмкIэ и министерствэхэм, — жиIащ КIуэкIуэ Казбек. – Япэу къытхуаутIыпщащ сом мелуан 428-рэ. Апхуэдиз дыдэ Iуэхум хухахынущ къыкIэлъыкIуэ 2023 гъэми. Лэжьыгъэхэр йокIуэкI федеральнэ министерствэхэм я нэIэм щIэту, апхуэдэуи къэралыр зэрыт экономикэ щытыкIэри къэлъытауэ.
- Гъуэгу ухуэныгъэм мы илъэсым хухахащ сом меларди 4-м щIигъу. Ди республикэм и Iэтащхьэм къызэрыхигъэщамкIэ, зыхуагъэувыжа пIалъэр къэмысу сыткIи зыхуей хуэзэу зэрагъэпэщыжынущ километри 170-рэ зи кIыхьагъ гъуэгухэр. ШыщхьэуIум и кIэухым апхуэдэ лэжьыгъэхэр псори зэфIэкIауэ щытынущ. Абы Iэмал къитынущ мыгъэрей планым нэгъуэщI гъуэгу лэжьыгъэхэри къызэщIрагъэубыдэну. КIуэкIуэм зэрыжиIамкIэ, ухуэныгъэхэм я проектхэр убзыхунымрэ аукционхэр егъэкIуэкIынымрэ зэманышхуэ трамыгъэкIуадэу, псынщIэу зэфIагъэкI. ЕтIанэгъэ зэлэжьыну я мурад гъуэгухэр шыщхьэуIум ирихьэлIэу убзыхуа хъунущ.
- Гъуэгухэр егъэфIэкIуэным иужьрей лъэхъэнэм гулъытэ хэха зэригъуэтым и фIыгъэкIэ, нэхъ мащIэ хъуащ къэхъу автомобиль зэжьэхэуэхэм, насыпыншагъэхэм я бжыгъэхэр. Абыхэм хэщIащ, федеральнэ гъуэгухэр къапщтэмэ, процент 40-м нэскIэ, щIыналъэ гъуэгухэр къыупщытэмэ, процент 18,5-кIэ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, гъуэгу лэжьыгъэхэм ахэр зэрызэрагъэпэщыжым къыдэкIуэу хохьэ лъэс зекIуапIэхэр ухуэныр, ахэр къэгъэнэхуныр, светофорхэмрэ гъуэгу дамыгъэхэмрэ гъэувыныр. КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэм тету, километр 40-м щIигъу гъуэгухэр ягъэнэхунущ, республикэм и щIыпIэ дахэхэм, нэгузегъэужьыпIэхэм уахуэзышэхэри хэту.
- — КъинэмыщIауэ, лэжьыгъэшхуэ щызэфIыдох егъэджэныгъэ унэтIыныгъэми, — жиIащ КIуэкIуэ Казбек. – Зэуэ доухуэ школи 10, зэгъэпэщыжыныгъэхэр щокIуэкI еджапIэ 29-м.
- Апхуэдэу ефIакIуэ зэпыту, къыкIэрыху щымыIэу йокIуэкI псэупIэ унэхэм я ухуэныгъэри. Дызэрыт илъэсым и япэ мазищым къриубыдэу ятакIэщ метр зэбгъузэнатIэ мин 62-рэ къызэщIэзыубыдэ псэупIэ унэхэр. Ар процент 50-кIэ нэхъыбэщ, нэгъабэрей бжыгъэхэм нэхърэ. Абы къыдэкIуэу щIыналъэм щыхохъуэ ипотекэ кредит къэзыщтэхэм я бжыгъэр. Нэгъабэ и иджы хуэдэ пIалъэм еплъытмэ, ар хэхъуащ проценти 7,5-кIэ икIи сом мелард 28,2-рэ мэхъу.
- — Лэжьыгъэхэр зэредгъэкIуэкI жыджэрагъым кIэрыхуркъым, — жиIащ КIуэкIуэ Казбек. — УнэтIыныгъэ псоми лэжьыгъэшхуэ къызэщIаубыдэ. Абыхэм экономикэми зрагъэужь, лэжьапIэ IэнатIэщIэхэри диIэ мэхъу.
- ЗэIущIэр зэрекIуэкIам щытепсэлъыхьыжым, КIуэкIуэ Казбек телеграм-каналым щыжиIащ УФ-м и Президент Путин Владимир лъэпкъ проектхэмрэ федеральнэ программэхэмрэ гъэзэщIэным хуэунэтIауэ къигъэува къалэн псори нэсу, къызыхуэтыншэу зэрызэфIагъэкIынур.