Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2022-04-30
- ГъэфIапщIэ
- Джэгум щытекIуахэм хуащI тыгъэхэращ. ХьэщIэхэр, джэгум хэтхэр зэрагъафIэ Iэмалщ.
- ХьэщIэм щылъысым деж, гъэфIапщIэм хьэщIапщIэкIэ йоджэ. ГъэфIапщIэхэр джэгур зи джэгум я Iыхьлыхэм кърахьэлIэрт, зытыр джэгу тхьэмадэращ. ХьэтиякIуэр и гъусэу ар утыкум иувэрти, джэгур щиухым деж е джэгур зэриух удж хъурейм и пэ къихуэу гъэфIапщIэхэр итырт. Джэгу тхьэмадэм хьэтиякIуэм жриIэрт джэгу хасэм и унафэкIэ хэт сыт хуэдэ гъэфIапщIэ лъысами. ХьэтиякIуэм ар ину гупым яжриIэжырт: хэт сыт лъысами, абы и цIэ-унагъуэцIэр, зыщыщ къуажэр. Езым и цIэкIэ хьэтиякIуэм щIигъужырт хъуэхъу дахэ. ХьэтиякIуэм и дэIэпыкъуэгъухэм гъэфIапщIэхэр утыкум кърахьэ, зи цIэ ираIуэр утыкум къихьэурэ хасэм щыщ нэхъыжьым кърет. Дэтхэнэ зыми и цIэр жаIэу иратыху, пшынауэхэр пшынэ йоуэ, гъэфIапщIэр зылъысар лIы цIэрыIуэу, пщащэ цIэрыIуэу щытмэ, пшынауэхэм нэхъ зрагъэIэту йоуэ, пщIэ зэрыхуащIыр къагъэлъагъуэу.
- ДзасэкIэ гъэжьа былымыл Iыхьэхэр
- Абы щхьэкIэ нэхъ къащтэр былымыл нэхъ щабэщ. ЛыпцIэр яупщIатэ и кIыхьагъыр см 11 — 12, и бгъуагъыр — см 6, и Iувагъыр — см 2 — 2,5-рэ хъууэ. Ахэр фалъэм иралъхьэ, шыгъу, шыбжий халъхьэ, бжьыныщхьэм ипс къыщIэкъузыкIар хакIэри, фIыуэ зэIащIэ. И щхьэр трапIэри, дакъикъэ 20 — 25-р хуэдизкIэ щIыIапIэ щагъэтщ. ИтIанэ лы Iыхьэхэр я кIыхьыпIэмкIэ дзасэм фIаIури дэпкIэ ягъажьэ, дзасэр ягъэкIэрахъуэурэ. ЩагъажьэкIэ мэлыщэ гъэвэжа щахуэ, нэхъ тхъуэплъ, дахэ хъун, мэ дахэ къыкIэрихын щхьэкIэ. Лы жьар дзасэм къыфIахыжри тепщэчым иралъхьэ. Бжьын цIынэ гуэплъхьэми хъунущ. Яшх пщтыру, пIастэ, мырамысэ хуабэ, чыржын, хьэлIамэ, мэжаджэ, щIакхъуэ докIу.
- Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ):
- лыпцIэу — г 600
- бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 70
- щэ дагъэу — г 30
- шыгъуу, шыбжийуэ — узыхуейм хуэдиз
- Къубатий Борис.
- Фор бегъымбар шхыну ябж
- Тхьэрыкъуэм и гур адыгэм къызэригъэсэбэпу щытар. Тхьэрыкъуэр зэрыпсэууэ тIууэ сэкIэ зэгуаупщIыкIри и гур хуабэу кърах. Ар гу къилъэт зиIэм ирагъэгъэлъэтэх, ямыгъэныщкIуу, зэрыпсоуэ. АбыкIэ гу къилъэт зиIэр хъужу щытащ.
- Фэлъыркъэбым и щхьэр трагъэжри ягъэгъу. ИужькIэ абы сыт ипкIэми, щIыIэу щытщ.
- Фор бегъымбар шхыну ябж икIи сыт хуэдэ узыфэми и сэбэпу къалъытэ.
- Тэрчдэсхэм хьэлыуэ щащIынум и деж шыуан кIуэцIыр джэдыкIафэкIэ къралъэщIыкI, хьэлыуэр щащIкIэ кIэримысхьэн щхьэкIэ.
- Iэщышхуэ, Iэщ цIыкIухэм ял гъэвар щашхкIэ адыгэхэм бжьыныху шыпсым пIастэ ирагъэпщIыркъым, ирагъэпщIыр лыращ.
- ЩIалэ къыхуалъхуамэ, фокIэ пщауэ хугу хьэжыгъэ яшхырт, щIалэр гъур мэхъу жаIэрти.
- Къэлэрыр сыр дыдэмэ, зы дакъикъэ-дакъикъитI хуэдизкIэ ягъэвэпхъ.
- Лъыр зи мащIэ цIыхум щынэ цIыкIу хуаукIырти и тхьэмщIыгъур хуабэу кърахырт, тыкъыр цIыкIуу яупщIатэрти, имыгъэныщкIуу ирагъэгъэлъэтэхырт. Хуэмышхыу Iумпэм ищIмэ, ягъэвэпхъырт.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу: 1. Щхьэмыжым ещхьу гъэгъахэр къызыпыкIэ, Iусыпхъэу къагъэсэбэп къэкIыгъэ. 4. Iэпкълъэпкъ зэрытыпIэ-хэр зэрызыгъэIыгъ, къупщхьэмрэ лымрэ зэпызыщIэ. 7. Губгъуэм ит Iэщым гъэмахуэм я фэр изых бадзэжь. 8. Ди республикэм щыщ хьэрычэтыщIэ, Къэрал Думэм и депутат. 10. Iэпслъэпсым щыщ. 11. Псы Iуфэ чыцэхэм, мэкъупIэхэм узыщрихьэлIэ къуалэбзу цIыкIу, щIагъуэу мылъэтэфу. 14. Нэхъапэм хамэ унагъуэ щапIу щыта щIалэ цIыкIу. 15. И пщэ кIыхьыр къэрэкъэшщ, къазым ещхьщ, псы есыныр и щIасэщ. 16. БгитI зэхуаку. 19. Сосрыкъуэ къум щIыIэжьым къришыжа нарт гупым ящыщ зы. 20. … и щIагъ нанэ щыIэкъым.
- Къехыу: 2. КIыщым къыщагъэсэбэп Iэмэпсымэ. 3. АдакъэщIэрэ … пIастэрэ. 4. Азие Курытым щыIэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэм зэреджэу щыта. 5. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ театрым и джэгуакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артисткэ. 6. Сабий цIынэм кърашэкI хъыдан. 9. Бжэныфэм къыхаха Iуданэ. 10. Хьэкъущыкъу. 12. … уасэ иIэкъым, гъэсэныгъэм гъунэ иIэкъым. 13. ЦIыху хьэлэл. 17. Шэми шхуми… 18. Языныкъуэ джэдкъазым, къуалэбзум я щхьэщыгум тетщ, плъыжь хъужауэ.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- Мэлыжьыхьым и 23-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр
- ЕкIуэкIыу: 2. Хьэтыкъ. 6. IупщIэ. 7. Арыкъ. 8. Бжэгъуу. 9. Алмэ. 10. Гъэхъуж. 11. Къыр. 16. Шухьэ. 17. Хьэрэ. 18. Бжьыхьэ. 19. Санэ. 20. ПащIэ. 21. Пхъэпс.
- Къехыу: 1. Iупэлэ. 2. Хьэбэз. 3. ТхьэмщIыгъуныбэ. 4. Къаугъэ. 5. Пыпхъуэ. 12. Дунай. 13. Сэбэп. 14. Щхьэпс. 15. ГурыщIэ.