ЩIалэгъуалэ IэнатIэщIэ яубзыху
2022-04-23
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Правительствэм и Унэм дыгъуасэ зэIущIэ щригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ щIыналъэм ис щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр зи къалэн гъэзэщIакIуэ IэнатIэ щхьэхуэ республикэм къыщызэгъэпэщыным.
- Зэхуэсым къыщаIэта Iуэхум жыджэру хэтащ (ВКС Iэмалри къагъэсэбэпу) КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и лIыкIуэу УФ-м и Президентым деж щыIэ Быкъыш Ратмир, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат, Правительствэм и финанс-экономикэ къудамэм и унафэщIхэр, Iуэхум хэтыпхъэ министерствэхэм я пашэхэр, КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъухэр.
- — ЩIалэгъуалэм хэхауэ ядэлэжьэн апхуэдэ IэнатIэ республикэм къыщызэгъэпэщыным ехьэлIа ди жэрдэмыр къыддаIыгъащ ЩIалэгъуалэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и унафэщIхэм, — къыхигъэщащ и псалъэм КIуэкIуэ Казбек. — А зэгухьэныгъэр хьэзырщ ди проектым къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр гъэзэщIа хъунымкIэ сыт и лъэныкъуэкIи дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъуну.
- Зытепсэлъыхь Iуэхугъуэм теухуауэ яIэ еплъыкIэхэмрэ гупсысэхэмкIэ зэдэгуэшащ зэхуэсым хэта псори. КIуэкIуэм абыхэм гу лъаригъэтащ Правительствэм щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ и IэнатIэм мылъкукIэ лъабжьэ быдэ иIэн зэрыхуейм, апхуэдэуи щIалэгъуалэ политикэм зегъэужьынымкIэ программэ хэха зэрыщыIапхъэри къыхигъэщащ. Ар епхауэ щытын хуейщ щIыналъэм щекIуэкI гъащIэм и унэтIыныгъэ псоми.
- Республикэм и Iэтащхьэм Iуэхум хэтыну дэтхэнэми пщэрылъ щищIащ ар зэрызэфIэкIыпхъэр къыщыгъэлъэгъуа «гъуэгу картэхэм» елэжьыжыну. Апхуэдэу хэплъэжыпхъэщ къызэрагъэпэщыну IэнатIэщIэм лэжьыгъэхэр зэрыщегъэкIуэ-кIыпхъэ программэми.
- ТАМБИЙ Линэ.