Дыдейхэр утыку къиднэркъым
2022-03-30
- УФ—м и Лъэпкъ гвардием и къудамэу КъБР-м щыIэм ведомствэм щIэмыт и хъумакIуэ къудамэм и лэжьакIуэхэм даIыгъащ къулыкъур езыхьэкIыу дзэ Iуэху хэхам хэтхэр.
- «Кавказ гъунапкъэ» къэлъыхъуакIуэ гупым и лIыкIуэхэр ящIыгъуу къэзакъхэмрэ урысей гвардием и щIэблэхэм я зэгухьэны-гъэм хэтхэмрэ автомобилхэмкIэ километр 30 зэпачащ. «Z», «V» хьэрфхэр зытет машинэхэр Май къалэм и утыку нэхъыщхьэм деж щежьэри, Котляревскэ станицэм нэс кIуэри къагъэзэжащ.
- «Дыдейхэр утыку къиднэркъым» акцэм хэтхэр Александровскэ станицэм къыщыувыIэри, Невский Александр и члисэм деж пэ-кIу щрагъэкIуэкIащ. Къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ къэралыр зэкъуэтыным мыхьэнэшхуэ зэриIэм, дзэм хэтхэр зэрыдаIыгъри жаIащ.
- ПэкIум и кIэухыу абы хэтхэм, нэгъуэщI автомашинэхэри къахыхьэри, флешмоб ирагъэкIуэкIащ: урысей армэр зэрыдаIыгъыр къагъэлъагъуэу автомашинэхэр Z, V хьэрфхэм хуэдэу иувыкIахэщ.
- БАХЪСЭН Азэмэт.