ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъэпкъ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу «Адыгэ Iуэрытхыр» зэхаублэ

2022-03-11

  • Дунейпсо Адыгэ Хасэр, Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр, Адыгэ къэрал университетыр зэщIыгъуу Адыгэ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу, гъатхэпэм и 12-м, «Адыгэ Iуэрытх» зыфIащэ дунейпсо Iуэхугъуэр зэрырагъэкIуэкIынур иджыри зэ фигу къыдогъэкIыж. Апхуэдэу гу лъытапхъэщ Iуэрытхыр щатхыну щIыпIэм зэхъуэкIыныгъэ зэригъуэтами.

  • Мы гъэм адыгэ Iуэрытхыр (диктантыр) зэрекIуэкIынур пэIудзауэщ, зэратхынури онлайн щIыкIэм тетущ. Гъатхэпэм и 12-м сыхьэт 12.00-м щIидзэу адыгэ Iуэрытхыр къэбэрдей икIи кIэмыргуей диалектхэмкIэ YouTube каналымрэ университетхэм я сайтхэмрэ я интернет-утыкум щатхынущ, эфир занщIэм хэту текстым къыщеджэнущ:
  • къэбэрдей диалектымкIэ — https://kbsu.ru/tv/adygje-diktant-2022/ хэщIапIэм;
  • кIэмыргуей диалектымкIэ — https://www.youtube.com/watch?v=0nlfrnYnaEg хэщIапIэм
  • КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, адыгэбзэм и пщIэр къэIэтыным, лъэпкъым щыщхэм анэдэлъхубзэмкIэ ябгъэдэлъ щIэныгъэр егъэфIэкIуэным папщIэ зэхаша «Адыгэ Iуэрытх» Iуэхугъуэм адыгэу зыкъэзылъытэж дэтхэнэри хэт хъунущ, ар щыпсэу щIыпIэм, и бзэм зэрыхуэшэрыуэм емылъытауэ.
  • «Адыгэ Iуэрытхыр» екIуэкIын ипэ къихуэу абы пыщIа хабзэхэм Iуэ- хум къыхыхьэхэр щагъэгъуэзэнущ. КъищынэмыщIауэ, Iуэрытхыр зэрекIуэкIыну жыпхъэ убзыхуам ДАХ-м и сайтым укъыщеджэну Iэма- ли щыIэнущ. intercircass.org
  • КIэмыргуей диалектым тету ятха тхыгъэ хьэзырхэм я сурэтыр +79182239519 телефоным пыщIа WhatsApp-м е [email protected] майл-хэщIапIэм ебгъэхь хъунущ.
  • Къэбэрдей диалекткIэ ятха тхыгъэхэр Дунейпсо Адыгэ Хасэм и майл-хэщIапIэм бутIыпщ хъунущ: [email protected]
  • Фигу къэдгъэкIыжынщи, Адыгэ тхыбзэм и махуэр лъэпкъ махуэгъэпсым щыхэувар 2000 гъэрщ. Ар теухуат 1853 гъэм гъатхэпэм и 14-м «Адыгэбзэм и букварь» тхылъыр Тифлис къалэм дунейм къыщытехьауэ зэрыщытам. Мы махуэщIыр ехьэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Адыгейми щагъэлъапIэ.
  • ШУРДЫМ Динэ.