ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Сабийхэм я псантхуэм щабэу йоIэзэ

2022-03-04

  • НыбжьыщIэхэм я псантхуэм еIэзэ Хъыдзэ Лаурэ куэдым яцIыху. И щIэныгъэм, Iэзагъым, гущIэгъум щыхьэт тохъуэ зи бын абы деж езышалIэ адэ-анэхэр. ЦIыкIухэм япыщIа дэтхэнэ IэщIагъэми нэхъыщхьэу хэлъыр сабийр фIыуэ плъагъунырщ. Iуэхур узыншагъэм теухуамэ, хамэ сабий щыIэкъым дохутырым и дежкIэ. Ар фIыуэ къыгуроIуэ ди псэлъэгъу «М-Клиникэ» медицинэ центрым и сабий-невролог Хъыдзэ Лаурэ.

  • — Лаурэ, дохутыр IэщIагъэм сыт щыгъуэ гу хуэпщIат?
  • — ИлъэсиплIым щегъэжьауэ сщIэрт медицинэм сыхуеджэну сызэрыхуейр. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуагъэнкIэ хъунущ сымаджэрилэу сызэрыщытар — си жьэжьейр къызэузырт. Москва сымаджэщхэми зыбжанэрэ сыщIэлъащ. Лъы схашми, мастэ къысхаIуми сышынэртэкъым. КъызэрызэIэзэм сфIэфIу сыкIэлъыплъырт. Школ нэужьым сыщеджащ Налшык медучилищэм. Ар къэзухри, ди университетым медицинэмкIэ и факультетым терапиемкIэ и къудамэм сыщIэтIысхьащ.
  • Студент гъащIэр дуней телъыджэщ. КъэкIуэнум гугъэ куэд щыхуэбгъэтIыгъуэ, дуней псор ууейуэ къыщыпщыхъу зэманщ. ГъащIэм къыщыбдэгъуэгурыкIуэну ныбжьэгъухэр уиIэ мэхъу. Сэ сызыхэса гупыр лъэщ защIэт. Диплом плъыжькIэ къэзуха куэд къытхэкIащ. Куэд зрагъэхъулIащ, медицинэм хэлъхьэныгъэ хуащIащ, зи IэщIагъэм хуэпэж дохутыр нэс хъуахэщ.
  • — Педиатру къыщIэбдзащ, зэрысщIэмкIэ…
  • — Педиатру седжэну сигу илъатэкъым нэхъапэкIэ. Еханэ курсым дыщынэсам, дыхэдэн хуейт: хирургие, терапие е педиатрие. Терапием сыкъытеувыIэну си гугъащ, ауэ деканым и къуэдзэ Ахриев Хаджи и чэнджэщкIэ педиатрием сыкIуат. Арати, субординатурэр педиатру къэзухри, интернатурэми щыпысщащ. Егъэлеяуэ сыдихьэхати, сабийхэм сахэтыну, сэбэп сахуэхъуну, згъэхъужыну сыхуейт. Къэзуха нэужь, педиатру сабий клиникэ сымаджэщым сыщыIащ. Илъэси 10 нэужьым Москва етIуанэ щIэныгъэ щызэрагъэгъуэт урысей академиер неврологыу къэзухыжри, 2008 гъэм республикэ сабий клиникэ сымаджэщым а IэщIагъэмкIэ сыщылэжьэн щIэздзауэ щытащ. Абы щыгъуэ IэщIагъитIри — педиатриемрэ неврологиемрэ — зэдэсхьырт. ИужькIэ «Арникэ» клиникэм сыщылэжащ. Иджыпсту «М-клиникэм» сабийхэм я неврологыу сыщыIэщ.
  • — Сыт уи IэщIагъэ гугъур фIыуэ уэзыгъэлъагъур?
  • — Неврологыу ущытыным жэуаплыныгъэшхуэ пылъщ. А IэщIагъэм къокIуэлIэж медицинэмкIэ щыIэ щIэныгъэ псори. Псантхуэр дэнэкIи щыIэщ. Гугъущ, ауэ удэзыхьэхщ. И сэбэп къызэкIащ педиатрием сызэрыщеджар. Ар сабий неврологием и лъабжьэр зыгъэбыдэ IэщIагъэщ.
  •  Сыт еш симыIэу сылэжьэну гукъыдэж къызэзытыр жыпIэмэ, цIыкIухэр зэрысхуэгъэхъужырщ, зи бын узыншэ хъужа адэ-анэхэм я гуфIэгъуэрщ, абыхэм ящI фIыщIэрщ.
  • — Сабий къалъхуагъащIэр япэ махуэхэм щыщIэдзауэ зыгуэрым хуэбгъэсэн хуей?
  • — Хабзэ гуэрым тегъэувэн хуейщ: щыбгъашхэ, щыбгъэжей, хьэуа къабзэм щыхэбгъэт, щыбгъэджэгу зэманхэр махуэ къэс зэтехуэмэ, нэхъыфIщ. Анэхэм сыт куэдрэ къащыщIыр?! Сабийр къызэрыгъыу къапхъуатэ, щIаупскIэ, гущэм хапхэ, къыхатIыкI… Благъэ-Iыхьлыхэм сабийм хуащIэнIауэ хуейщи, анэр ягъэIущу щIадзэ. Пэжщ, нэхъыжьхэри сэбэп хъун хуейщ, ауэ чэнджэщ куэдыщэр лейщ. Анэм нэхърэ нэхъыфIу зыми зыхищIэркъым сабийр. Зыхуэныкъуэр, фIэфI-фIэмыфIыр псом нэхъыфIу абы къыгуроIуэ — зэпыщIащ а тIур. Сабийм и дохутырым анэм къыжриIэр игъэзащIэмэ нэхъыфIщ.
  • — Сабий неврологиемрэ гъэсэныгъэмрэ зэпха?
  • -Дауи. Гъэсэныгъэм куэд елъытащ. Псом хуэмыдэу, адэшхуэ-анэшхуэ куэдым сабийр ягъэфIэIуэ. Зыхуейуэ хъуар ирагъащIэ, и Iуфэ-лъафэр къажыхьу. Псори къыхуада, псори игъуэта нэужь, сыт сабийм ищIэр? Зы тIэкIунитIэ къызэрыпаубыду, къытохьэ, щIым зытредзэ, зечэтхъэж, мэкIий. Балигъхэр зэрыщIэ-зэгурыIуэу ягъэсэн хуейщ цIыкIур, хуадэмрэ хуамыдэмрэ зэтехуэу. Гъэсэныгъэ зэрыхуэныкъуэр неврологием хагъэзэрыхьу куэд къысхуашэ, пэжым ухуеймэ. Ар адэ-анэм яжызоIэ. Абы и лъэныкъуэкIэ сабий садхэр, гупжьей зэмылIэужьыгъуэхэр сэбэп мэхъу. Гъэсэн, гъэджэгун, гъэгушхуэн хуейщ цIыкIур.
  • -Телефонхэмрэ гаджетхэмрэ къахь зэраныгъэхэм укъытезгъэувыIэнут…
  • — Электромагнит къызэрыпкърыкIыр, нэр зэрызэIигъэхьэр, психикэм зэран зэрыхуэхъур, жейр зэригъэкIуэдыр — уз куэдыщэ къыхах сабийм кIыхьу ирагъэIыгъ гаджетхэм. 21-нэ лIэщIыгъуэм и уз шынагъуэщ смартфонымрэ гаджетымрэ. Щебгъэплъи къэхъункIэ хъунщ сабийр телефоным, иджыпсту ар икIэщIыпIэкIэ Iупхыпэну Iэмал зэрыщымыIэр къызгуроIуэ. Ауэ, мащIэ дыдэрэ, пIалъэ гуэр хуэбгъэуварэ, абы къыфIэкI зэрымыхъунур къыгурыбгъаIуэу. Сабийр зэплъынкIэ хъунури балигъым и нэIэ щIэтын хуейщ. Интернетыр зэIухыIуащ, хэт хуейми дэни йохьэф. Сабийм и акъыл мыжэпхъар зыгъэутхъуэн, уз къызыхихын мыхъумыщIагъэ куэдыщэ илъщ. Интернет джэгукIэ шынагъуэхэр щыIэщ. Абыхэм ящыхъумэн хуейщ щIэблэр.
  • — Медицинэр IэщIагъэ ищIыну зигу изылъхьэр сыт япэу зэгупсысыпхъэр?
  • — ЦIыхум и узыншагъэм, и гъащIэм теухуауэ IэщIагъэ къыщыхэпхым деж, куууэ уегупсысын хуейщ. ЛэжьапIэ IэнатIэм къыщыбгъанэу укIуэж хъу IэщIагъэкъым медицинэр. Жэщи-махуи уапыщIащ уи Iэзэгъуэ хуэныкъуэхэм. Сэ унэм секIуэлIэжа нэужьи, зи узыншагъэ си нэIэ щIэт цIыкIухэм я анэхэр телефонкIэ къыщыпсалъэ, къыщысхуэтхэ щыIэщ. ГуфIэгъуэ е гуауэ Iуэху сыкIуами, цIыхухэр къызбгъэдохьэри, я сабийм и узыншагъэм теухуауэ зытегузэвыхьхэр къызахьэлIэ. Дэнэ щыIэми, лэжьыгъэм хэтщ дохутырыр. Псом хуэмыдэжу, ар сабийм еIэзэ дохутырмэ, зыкъригъэлыж хъунукъым.
  • Епсэлъар  Гугъуэт Заремэщ.