Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2022-02-05
- ЩхьэлъащIэм и хьэтыркIэ
- Адыгэ хабзэр зыщIэ, зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж дэтхэнэ цIыхухъури мэтэдж цIыхубз къыщыщIыхьэкIэ, къыщыбгъэдыхьэкIэ, щыблэкIкIэ.
- ЦIыхухъурэ цIыхубзрэ зэгъусэу щытмэ, щысмэ е гъуэгу теувэмэ, цIыхухъум цIыхубзыр и ижьырабгъумкIэ егъэув (егъэтIыс), ауэ и гъусэр и щхьэгъусэмэ, здигъэувыпхъэр (здигъэтIысыпхъэр) сэмэгумкIэщ. АбыкIэ къащIэу щытын хуейщ ахэр зэрызэщхьэгъусэр.
- ЦIыхухъуитI зэщыхьамэ: «ЩхьэлъащIэм и хьэтыркIэ щывгъэт», — жиIэу цIыхубзым и IэлъэщIыр абыхэм яку дидзамэ, зэзэуэну зэпэщIэувахэр зэпикIуэтыжырт.
- «ЦIыхубз пшэрыхь хущанэ», — жыхуиIэм къикIыр щакIуэ е бдзэжьеящэ щыIа цIыхухъум къихьым щыщ япэ зыхуэзэ цIыхубзым тыгъэ хуищIын хуейуэ жызыIэ щыIэщ, ауэ мыбы къикIыр абыкIэ зэфIэкIыркъым, атIэ цIыхубзым дэнэ дежи, сыт щыгъуи пщIэ лей зэрыхуэщIыпхъэрщ.
- Нэмысыншэу къалъытэ къигъафэ хъыджэбзым жьэхэуэ щIалэр, цIыхубзхэм, сабийхэм яхэту тутын ефэр, псалъэ фIей жызыIэр, чэфу ябгъэдэтыр, абыхэм я пащхьэ щIыкIейуэ итыр.
- Былымыл гъэжьа, кIэртIоф щIэлъу
- Лы тхьэщIар г 5 — 7 хъу тыкъыр цIыкIуурэ яупщIатэ, шыуаным иралъхьэри, шыгъу тракIутэ, псы щIыIэ тIэкIу щIакIэри, мафIэ цIыкIум тету, шыуаныщхьэр тепIауэ дакъикъэ 40-кIэ ягъавэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. Псыр щIэващIэмэ, тхъу халъхьэри, мафIэр ин ящIыж. Ар зэIащIэурэ дакъикъи 10 — 12-кIэ ягъажьэ. КIэртIоф укъэбзар лым ещхьу упщIэтауэ шыуаным иралъхьэри, ныкъуэжьэ хъуху ягъажьэ зэIащIэурэ. ИтIанэ бжьын укъэбзамрэ пхъы упщIэтамрэ шыбжий плъыжь хэлъу, гъэлыбжьауэ лым халъхьэ. Шыуаным илъым псы щIыIэ тIэкIу хакIэ, и щхьэр трапIэжри, мафIэ инкIэ зэ къытрагъэкъуалъэ, итIанэ мафIэр ирашэхри, дакъикъэ 15 хуэдэкIэ ягъэбэкхъ. ПIастэ, мэжаджэ е щIакхъуэ и гъусэу пщтыру яшх.
- Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ): былымыл лыпцIэу — г 150-рэ, шыгъуу — г 6, псыуэ — г 50, пхъы укъэбзауэ — г 30, кIэртIоф укъэбзауэ — г 200, бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 40, шыбжий сыр хьэжауэ — узыхуейм хуэдиз.
- «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ.
- Мэз пхъэншэ хъурэ?
- ЗэдэмыпсэуитI зэунтIэIуркъым.
- Зэз зи бзэгу телъым IэфI щымыIэж къыфIощI.
- Зи бзэм текIуэда куэд кхъэм щIэлъщ.
- Зи щхьэ зыфIэмыдэхэж щыIэкъым.
- Зи Iуэху мыхъунум фэндибгъу кIэрыщIащ.
- Зумыхьэри уимыIэри зыщ.
- Зылъэгъуа щыIэмэ, зэхэзыха умылъыхъуэ.
- Зыри зымыщIэр зэи щыуэркъым.
- ЗыщIэм жиIэркъым, жызыIэм ищIэркъым.
- Ин дыдэхэми надэ къахокI.
- Къапхъэнми имыгъапцIэ иубыдыркъым.
- МазэщIэр куэдрэ блэркъым.
- МафIэншэри гъавэншэри зэлъытащ.
- Мэз пхъэншэ хъурэ?
- Мывэ къуршым мэш трасэркъым.
- Гупыжхэр
- УПЩIЭ: «Ярэби, сыту дахагъэ, IэфIыгъэ, гуапагъэ куэдкIэ дызэхуэупсэфыну къэдгъанэрэ дэ. Щхьэ дигухэр къыжьэдэткъуэ зэпыту дыпсэурэ? Щхьэ дыщыхуейм дызыхуейм демыдэхащIэрэ? Щхьэ къытхуейр къыщытхуейм къыдэмыубзэрабзэрэ? Мобы мор сытым хуэдэу хуэгъэгуфIэнут!.. Мор мобы сытым хуэдэу насыпыфIэ хуэщIынут!.. Гуэныхькъэ-тIэ апхуэдиз гупыжыр къыжьэдэпкъуэ зэпыту упсэуныр? ЗыгъэнщI жыхуаIэм и IэфIыр нэсу къыбгурымыIуауэ, напIэзыпIэр зи пщалъэ мы гъащIэр блэбгъэкIыныр?…»
- ЖЭУАП: «Гуэныхьт, гуэныхьышхуэт, гупыжхэр гуапагъэрэ IэфIыгъэ защIэу зэхэлъу щытамэ. Ауэ гупыжхэм я нэхъыбапIэр щхъухьрэ псэхькIэ гъэнщIащ. Апхуэдэ гупыжхэм дэ дыхураджэ щэхуу е нахуэу зыгуэр дгъэпудыну. Ди фIэщу е гушыIэ мышыум къыхэкIыу зыгуэрым и псэр бэлыхьым хэддзэну. Iэщэ бзаджэкIэ е псалъэ гуауэкIэ зыгуэр дукIыну… Гуапагъэрэ IэфIыгъэкIэ гъэнщIа гупыжхэр ириупIэхыурэ, игъащIэ лъандэм цIыху цIыкIум зегъасэ дунейр зыкъутэжыфыну а гупыж шынагъуэхэр къыжьэдикъуэфу… Аращ мо упщIэм и жэуапыр: Тхьэм дунейр игъэпсащ псори щызэпэшачэу щытын хуейуэ. Зэпэмышачэхэр зэжьэхэуэурэ щызэрымыкъутэжыным щхьэкIэ, Iэмал хъарзыни къигъэщIыжащ: АКЪЫЛЫР».
- IУТIЫЖ Борис.
- Хьэр зыгъашхэм ейщ
- НэгъуэщI лэжьапIэ сыщыIутам си кIуэгъужэгъуу щыта гуэрщ зи гугъу сщIыр. Зи сэ абы сринэт, срипсэт. ХузэфIэкIыххэнумэ, сэр щхьэкIэ имыщIэн щыIэтэкъым.
- Иужьым нэгъуэщI лэжьапIэ сыщыкIуэм, и щIыб къысхуигъэзэжащ — дунейм сытети сытемыти.
- Иджы абы и нэщ, и псэщ хузэфIэкIри хуищIэнущ икIи хуещIэ си пIэ иувауэ лажьэ, а сэ зэрысщIу щытам хуэдэу ахъшэ тIэкIу къезыгъэхьхэм!
- Хьэр зыгъашхэм ейщ.
- ПщIэнумэ, щIэ…
- ЦIыхухэм ягу дыхьэн, дзыхь зыхурагъэщIу Iэ ирагъэIэтыным щхьэкIэ депутатхэр мэву, мор фхуэтщIэнщ, мыдрейр фхуэтщIэнщ, жаIэри. УкIытэхэркъым. Абыхэм яхэткъым цIыхур ягъэунэнумэ, Iэмал зимыIа, ауэ ягъэунакъым. Сэ соукIытэ абыхэм я пIэкIэ: пщIэнумэ, щIэ, умыкIий-умыгуоуэ…
- Джэдрэ пэт щыкъакъэр кIэцIа иужьщ!
- ХЬЭХ Сэфарбий.
- ПцIы бупсмэ, уи пэжри я фIэщ хъужыркъым
- Зы щIалэжь цIыкIу мэлыхъуэти, пэнтхым тету къуажэ мэлыр здигъэхъум, зэшырти, бгыпэм къытеувэри къэджащ:
- — Уэлэхьи, ди мэлыр дыгъужьым яшх! — жиIэри.
- Хэт фоч, хэт гуахъуэ, шэмэдж къащтэри, хьэблэ лIыр бгым зэрыдэхащ. Зэрыдэхри — дыгъужь лъэпкъи щыIэтэкъым, хъушэм лажьэ яIэтэкъым. Я IэнатIэм пщIэншэу къыпэраша лIы къомыр мэлыхъуэжь цIыкIум къешхыдащ, къеущиери, щхьэж и Iуэху пэрыувэжащ.
- ЕтIуанэ махуэми щIалэжь цIыкIур ещхьыркъабзэу къэджащ. ЛIы къомыр зэрыдэхри — аргуэру пцIыт. ЛIыхэр мэлыхъуэ пцIыупсым ешхыдащ, ещхьэфауэри къагъэзэжащ.
- Ещанэ махуэм дыгъужь гуп банэм къыхэжри, хъушэм къахэлъадэщ аби, мэлыр зэтраукIэу щIадзащ. Iэхъуэжь цIыкIур гужьеяуэ пэнтхым къытелъадэри къэджащ:
- — Маржэ хъужыххэн, дыгъужь гуп къыхэлъэдауэ къуажэ мэлыр зэтрашхыхь, фыкъызэрысын! — жиIэри.
- АрщхьэкIэ, апхуэдизрэ къагъэпцIа жылэм ар я фIэщ хъуакъым, и щхьэр къовэ абы, жаIэри. Дыгъужьхэм къапэрыуэ щымыIэу мэл къомыр зэтраукIащ, зырызи яхьри кIуэжащ.
- Нало Заур.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу: 1. Ди ныбжьэгъум … ищIри, я унэ дригъэблэгъащ. 4. Пасэм адыгэ цIыхубзхэм яду щыта тутынылъэ, хъуржын цIыкIу. 7. Адыгейм и япэ президенту щыта … Аслъэн. 8. Ди гъунэгъу лъэпкъ. 9. Адыгэ тхакIуэ, усакIуэ Мысачэ … 11. Гуэгушыхъум, къазыхъум я пщэм тет пшэрыпIэ. 16. Iэмбатэ зэрымытым … ирегъэувэ. 17. Бжэгъу кIыхь, къурыкъу, и зы кIапэм фIэгъэнапIэ иIэу. 18. УщIэнэщхъеини узыгъэдыхьэшхыни зыхэлъ Iуэху къэхъугъэ. 20. Зи мылъкум тегужьеикIа, егъэлеяуэ зэзыгъэзахуэ цIыху. 21. Псы Iуфэ мывалъэ-пшахъуалъэ.
- Къехыу: 2. Жыг зытеуэри мэгурым, … зытехуэри мэгурым. 3. Хэлъэт зиIэ цIыху мыщхьэх. 4. Чым и ухъуэнщIахуэ. 5. Бжьэпэ, лъагапIэ. 6. … вы бжьакъуэм къокI. 10. Танкым ит Iэщэ. 12. Блэм и бзэгу. 13. Бжэныфэм къыхаха Iуданэ. 14. Гум щIэщIа шитIым я зым … къищтащ. 15. Район, псыежэх. 19. Гъавэ къэкIыгъэ.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- ЩIышылэм и 29-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу: 1. Бэгу. 4. Дау. 6. Роналду. 7. ХьэрэмэIуащхьэ. 10. Бгъэ. 11. Пэу. 13. Къатхъэнсулыкъу. 15. Берычэт. 17. ЦРУ. 18. ХущIэ.
- Къехыу: 1. Бжыхь. 2. Гур. 3. Зауэм. 4. Ду. 5. УпщIэ. 8. Рабат. 9. Щэуал. 12. ЕнтIыр. 13. Къауц. 14. Къупхъэ. 15. Бу. 16. Тху.