ЦIыху кIуапIэ зэрыхъуным хуагъэпс
2022-01-29
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и псы хущхъуэхэм нэхърэ нэхъ сэбэпрэ къабзэрэ къэгъуэтыгъуейщ. Апхуэдэщ «Аушыджэр и псыхуабэхэр», «Нарзанхэм я къыщIэжыпIэ» щIыпIэр.
- ЦIыхум я узыншагъэр егъэфIэкIуэнымкIэ щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэу Джы-лы-Су къэлъытэнымкIэ унафэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм къищтащ. Абы ипкъ иту, щIыпIэр сыт и лъэныкъуэкIи яхъумэнущ: щIыуэпсым (псы къыщIэжыпIэхэм, хьэуам, щIым) зэран хуэхъу лэжьыгъэ щрагъэкIуэкIынукъым, Iэгъуэблагъэм щаухуэ хъунукъым Iэщ фермэхэр, псэупIэ унэхэр, кхъэхэр. Апхуэдэу хъупIэуи къагъэсэбэп хъунукъым.
- Гектар 227-м щIигъу къызэщIэзыубыдэ Джылы-Су щаухуэнущ насос станцхэр, псыр зрикIуэ бжьамийхэр, псы зэбгрытыкIыпIэхэр, псы хущхъуэм цIыхухэр щефэну утыкухэр. ЖыпIэнурамэ, ди псы хущхъуэ къыщIэжыпIэхэр турист кIуапIэ зэрыхъуным хуэгъэпсащ нобэ ялэжь апхуэдэ Iуэху щхьэпэхэр.
- Шэрэдж Дисэ.