ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Журналистхэр  ягъэгушхуэ

2021-12-16

  • Иджыблагъэ Печатым и унэм щагъэфIэжащ журналистхэм я зэхьэзэхуэ ди щIыналъэм щекIуэкIам къыщыхэжаныкIахэр. Зэпеуэм щытекIуахэр ягъэлъэпIэну, псалъэ дахэ жраIэну къэкIуат КъБР-м экстремизмэмрэ щIалэгъуалэ политикэмрэ япыщIа лэжьыгъэхэр щIыпIэхэм щызэгъэуIунымкIэ и министр Къуэшырокъуэ Залым, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, «КъБР-Медиа» ГКУ-мрэ и унафэщI къалэнхэр зыгъэзащIэ Бежан Беслъэн.

  • Зэпеуэхэр къызэрагъэпэщащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым терроризмэмрэ экстремизмэмрэ япэщIэтынымкIэ профилактикэ лэжьыгъэр егъэкIуэкIыныр» икIи «Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым щызекIуэ хабзэхэмрэ жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ щыхъумэныр» къэрал программэхэм япкъ иткIэ. Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIа лэжьыгъэхэм я гугъу щищIым, Къуэшырокъуэ Залим къыхигъэщащ ахэр зи IэдакъэщIэкI журналистхэр ди щIыналъэм мамырыгъэр щыхъумэным зэрытелажьэр, терроризмэмрэ экстремизмэмрэ къэмыгъэхъуным хуэунэтIауэ тхыгъэ купщIафIэ куэд утыку къызэрырахьэр.
  • «Терроризмэр дуней псор зыгъэгумэщI Iуэхугъуэщ. ЦIыхур бэлыхь хэзыдзэ, псэуныгъэр зэтезыкъутэ, экономикэмрэ щыIэныгъэмрэ зэщхьэщызыху мы къэхъугъэ бзаджэм пэщIэтыныр псоми ди зэхуэдэ къалэнщ. Сэ къыслъысу фIыщIэ фхуэсщIыну сыхуейт мы зэпеуэм жыджэру фызэрыхэтам, абы къигъэув Iуэхугъуэм хуэунэтIа тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр къызэрыхэфлъхьам папщIэ. Щхьэхуэу къыхэзгъэщынут дунейм темытыж фи лэжьэгъухэм я фэеплъыр зэрыфхъумэр, псалъэр Iэщэ папщIэу къищтэу цIыхум ер къыхуэзыхь идеологие бзаджэм пэщIэтахэр екIуу фигу къызэрывгъэкIыжар. Урысейм и адрей щIыналъэхэм яхуэдэу, ди Къэбэрдей-Балъкъэрми иIэщ терроризмэм текIуэдахэр. Журналистикэр сыт щыгъуи егъэпIейтей къэралым щекIуэкI политикэм, цIыхубэр абы зэрыхущыт щIыкIэм. Дапщэщи къилъыхъуэр пэжщи, ар зымыдэ, абы пэщIэувэхэр мымащIэу щыIэщ. Терроризмэр къыхэзыхам и гупсысэр цIыхум я деж нихьэсын щхьэкIэ, зэблэж щыIэкъым, пэрыуэгъу къыхуэхъуми гущIэгъу яхуищIыркъым. Абы теухуауэ жыпIэмэ, фэ фи къалэныр пщIэ иIэу ивохьэкI, фи гуащIэкIэ бзаджагъэм фыпэщIэтщ, фыпсэемыблэжщ, жыпIэми щыуагъэ хъунукъым», — жиIащ Къуэшырокъуэм.
  • АдэкIэ къыхигъэщащ зэпеуэм къыхилъхьа Iуэхугъуэм дяпэкIи гулъытэ зэриIэнур, абы пэщIэтыну къыхуезыджэ журналист лэжьыгъэхэм сыт щыгъуи щIэгъэкъуэн зэрагъуэтынур. «Шэч хэлъкъым, цIыхум и шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыныр къэралыгъуэм и хьэкъхэм язщ. Абы къыхэкIыу, дэ сыт щыгъуи гранткIэ дапыкъуэкIынущ цIыхум и зэIузэпэщыныгъэр ипэ изыгъэщ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, ар къыщыгъэнауэ, цIыху щхьэхуэхэм дэIэпыкъуэгъу дахуэхъунущ. Фэ фщыщ дэтхэнэми Iэмал иIэщ терроризмэмрэ экстремизмэмрэ къэмыгъэхъуным зэрапэщIэт жылагъуэ проектхэм хыхьэну икIи къыщыхэжаныкIыну», — къыхигъэщащ министрым.
  • Зэхьэзэхуэм щхьэхуэу я цIэ къыщраIуащ цIыхухэр нэхъ зыгъэпIейтей, хэIущIыIу щIыпхъэ жылагъуэ проектхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIахэр. «ЩремыIэ Iулъхьэ», «Дэ мамырыгъэм дрителъхьэщ» рекламэхэр нэхъыфI дыдэхэм хабжащ, абыхэм ящIэлъ Iулъхьэмыдэ гупсысэхэм мыхьэнэ яIэуи къалъытащ.
  • Зэпеуэм хэтахэр фIыщIэ тхылърэ тыгъэ лъапIэхэмкIэ ягъэгушхуащ.
  • ШУРДЫМ Динэ.