Пушкиным и лъэхъэнэ
2021-11-30
- Налшык дэт Лъэпкъ музейм «Пушкиным и бал» зыфIаща Iуэху гъэщIэгъуэн иджыблагъэ щекIуэкIащ.
- Абы игъусэу къызэрагъэпэща «Мы рождены для вдохновенья…» гъэлъэгъуэныгъэм утыку къыщрахьат сурэтыщI цIэрыIуэхэу Устиновэ Евгение, Платовэ Анастасие-Виринее, Байрос Марфэ сымэ Пушкиным и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ траухуа сурэтхэмрэ графикэ лэжьыгъэхэмрэ.
- Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс пшыхьыр къыщызэIуихым Iуэхум и жэрдэмщIакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ, и псалъэми къыхигъэщащ ар зэрыгукъэкI гъэщIэгъуэныр.
- Пушкиным и дунейм ухэзышэр блэкIа лъэхъэнэм и фащэ екIухэмкIэ хуэпауэ абы щыплъагъу цIыхухэмрэ сурэт гъэщIэгъуэнхэмрэ я закъуэтэкъым, атIэ пэшым къыщыIу макъамэ щабэм а псор нэхъ зыхыуигъащIэрт. Арфэмрэ скрипкэмрэ Iэзэу еуащ «Джем» гупым хэт Атэлыкъ Аллэрэ Антоновэ Еленэрэ.
- XIX лIэщIыгъуэм щыIа гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм куэдкIэ ещхьу екIуэкIа пшы-хьыр къызэзыгъэпэщар «Пушкинский дом на Кавказе» фондымрэ «Птица счастья» жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэщ.
- Къызэхуэсахэм гъэщIэгъуэн куэд щалъэгъуащ а пшыхьым, ауэ псом хуэмыдэу абыхэм телъыджэ ящыхъуар щыпсэуа лъэхъэнэм и фащэкIэ хуэпауэ Пушкин Александр абыхэм «къазэрыхыхьарщ». Пушкиным и ролыр зыгъэзэщIар Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым и артист Гогуев Арафатщ.
- Балым хэтахэр къэфащ, тхакIуэм, блэкIа лIэщIыгъуэхэм теухуауэ къэпсэлъащ, Пушкиным и усэхэм къеджащ, едэIуащ, «Гелиос» гупым хэтхэр къэфащ.
- «Пушкинский дом на Кавказе» фондым и унафэщI Байрос Маринэ зэрыжиIамкIэ, абыхэм хабзэ яхуэхъуауэ, Пушкиным и цIэкIэ къызэрагъэпэщ дэтхэнэ гъэлъэгъуэныгъэри апхуэдэ зэхуэскIэ яухыж.
- — Мурад нэхъыщхьэу диIар цIыхухэм блэкIа зэманым и IэфIыр зыхедгъэщIэнрати, ар къыдэхъулIауэ къызолъытэ. Пушкиным дапщэщи бзылъхугъэр игъэлъапIэу, пщIэ хэхахуищIу щытащ, нобэ апхуэдэ лъапIэныгъэ зыхуэфащэ бзылъхугъэ зэкIуж куэд къытхуеблэгъащ, — жиIащ Байрос.
- Гупыж зыщIхэр «Пушкиным и гъусэу» вальс къэфэну Iэмал яIащ.
- Байрос Маринэ я фондым къыбгъэдэкI щIыхь тхылъ яритащ Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликсрэ «Птица счас-тья» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Бойкэ Натальерэ.
- Налшык щаубла гъэлъэгъуэныгъэр щIышылэм и 26 хъуху екIуэкIынурэ, адэкIэ къэралым и хэгъэгухэм ягъэIэпхъуэнущ.
- Щомахуэ Залинэ.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.