ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Iэзагъэм хэзыгъахъуэ IэмалыфI дыдэ

2021-10-28

  • КъБР-м и Iэтащхьэр «Илъэсым и егъэджакIуэ-2021» урысейпсо зэпеуэм и лауреат хъуа, Май къалэ инджылызыбзэр щезыгъаджэ Къущхьэ Каринэ иджыблагъэ IущIащ. Зэпеуэм къыхэжаныкIа бзылъхугъэр Урысейм и егъэджакIуэ нэхъыфI дыдэу къалъытэ цIыху 15-м языхэз хъуащ. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор.

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къущхьэ Каринэ и ехъулIэныгъэмкIэ ехъуэхъури, ар зыпэрыт IэнатIэм купщIафIэу зэрыщылажьэр, щIэблэм щапхъэ хъарзынэ зэрахуэхъур къыхигъэщащ. «ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм пщIэшхуэ иIэщ, абы хуэдгъэдэни щыIэкъым. ЗэрытхузэфIэкIкIэ а IэнатIэм Iутхэм я щыIэныгъэр ящыдгъэпсынщIэну дыхэтщ, я щIэныгъэмрэ IэщIагъэмрэ щыхагъахъуэ курс нэхъыбэ къызэдгъэпэщыну иужь дитщ, я зэфIэкIым зедгъэIэтурэ ди щIыналъэм и мызакъуэу, урысейпсо икIи дунейпсо утыкухэм итшэну дыхущIокъу, — жиIащ КIуэкIуэм. — Абы теухуауэ упсалъэмэ, нобэ уэ зыIэрыбгъэхьа ехъулIэныгъэм ди щхьэр лъагэу дегъэлъагъуж, мыхьэнэшхуэ идот».
  • Къущхьэ Каринэ КъБР-м и Iэтащхьэм дригъэкIуэкIа псалъэмакъым къызэрыхэщамкIэ, зэпеуэр и IэщIагъэм лъэщу хэгъуэзэнымкIэ дерс хуэхъуащ. «Мы зэпеуэм си къару закъуэкIэ сыкъыхэщыну къыщIэкIынтэкъым. Ди щIыналъэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм сыщытекIуэн, урысейпсо утыкум сихьа хъун щхьэкIэ, гуп лэжьыгъэшхуэ къызэзнэкIащ. Дерсым и егъэкIуэкIыкIэм хэлъ щэхур ар къызэзыгъэпэщ егъэджакIуэм хуэдэу нэхъыфIу зылъагъуи къызыгурыIуи щыIэу къыщIэкIынкъым. Ауэ дунейм и пIалъэ зыщIэ, IэщIагъэм илъэс куэд лъандэрэ ирилажьэхэм я ущие псалъэм, узыунэтI чэнджэщу къуатым куэд хэлъщ. Дерс зэмылIэужьыгъуэхэм я къызэгъэпэщыкIэм щIэщыгъуэ хэлъхьэн, гуимыхуж икIи щIэныгъэ хэхыпIэ хъун и IуэхукIэ куэдым я сэбэп къызэкIащ. Зэпеуэр си Iэзагъэм хэзыгъэхъуа IэмалыфI дыдэу къысхущIэкIащ, икIи, пэжыр жыпIэмэ, сыщогуфIыкIыж абы сызэрыхыхьам, зыщызгъэлъэгъуэну Iэмал сызэриIам», — жиIащ Къущхьэм.
  • Езауэ Анзор къызэрыхигъэщамкIэ, «Илъэсым и егъэджакIуэ» зэпеуэр щIыналъэхэм щокIуэкI, абы къыщыхэжаныкIа егъэджакIуэхэр хэгъэгум щызэпоуэжри, нэхъыфI дыдэхэр Урысейм ягъакIуэу аращ. «Хэгъэгупсо Iыхьэм мы гъэм цIыху 13 щызэпеуащ. Абы къэса егъэджакIуэхэм нэхъыфI дыдэр къахэтхын щхьэкIэ, IэщIагъэлI нэхъ лъэрызехьэхэр къедгъэблагъэри, япэщIыкIэ мастер-класскIэ дызэджэ дерс лIэужьыгъуэхэр ядедгъэкIуэкIащ, «Учительская газета»-м и лэжьакIуэхэмрэ УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIхэмрэ зэпыу имыIэу Iуэху ядэтщIащ, дызыхэт лэжьыгъэр къыдэхъулIэн щхьэкIэ я чэнджэщхэм дытемыкIыу дытетащ. Псалъэм къыдэкIуэу жысIэнщи, тIури зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщщ», — жиIащ Езауэ Анзор.
  • Нэгъабэ екIуэкIа зэпеуэм «Учительская газета»-м и фIыщIэ тыныр зыхуигъэфэщар Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа, Тырныауз къалэ дэт 5-нэ гимназием Iэпкълъэпкъым зегъэужьынымкIэ щэнхабзэм и дерсхэр зыт Борэн ФуIэдщ. Зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабийхэм я Iэмалхэр къэлъытауэ, я щытыкIэм емыгуауэу Iэпкълъэпкъым зезыгъэужь дерсхэр зэрадегъэкIуэкIыпхъэм теухуат Борэным урысейпсо утыкум ирихьа мастер-классыр. Ар къызэгъэпэщакIуэхэмрэ къэпщытакIуэхэмрэ хьэлэмэт ящыхъуам и закъуэкъым, абы и лъабжьэм щIэлъ методологием гъащIэ иIэу, егъэджэныгъэм хэпщэн хуейуэ къалъытат. «Илъэсым и егъэджакIуэ» урысейпсо зэпеуэр мы гъэм 32-у екIуэкIащ. А зэманым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу абы я зэфIэкIыр щагъэлъэгъуащ цIыху 23-м. ЦIыхуихыр а зэпеуэм и лауреат хъуащ.
  • ЗэIущIэм ди щIыналъэм егъэджэныгъэр зэрыщызэтеублам хэлъ Iуэхугъуэхэм щрипсэлъащ. Псалъэм папщIэ, сабийр гъэсэнымкIэ егъэджакIуэм иIэ мыхьэнэм и гугъу ящIащ. «ЕгъэджакIуэр пщэдейрей махуэхэм и ухуакIуэщ. Абы къыгурыIуэн хуейщ щIэныгъэ зрит сабийм и зэхэщIыкIым зэрызригъэужьым къыдэкIуэу, гъэсэныгъэ хэхаи зэрыбгъэдилъхьэр. Бгъасэм зэхебгъэхыну узыхущIэкъум къыдэкIуэу, гъэсэным жиIэнкIэ хъунури, жиIэфынури зэхэпхын хуейщ. — жиIащ КIуэкIуэм. — КъытщIэхъуэ щIэблэр фIэкIыпIэ имыIэу щIэпIыкIын хуейщ ди щIыналъэми къэралми лъапIэныгъэу къалъытэ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм. Ар къыщамылъытэ къэхъуакъым, ауэ егъэджэныгъэм гъэсэныгъэр и фащэу зэрыщытын хуейм куэдым трагъэчыныхьу хуежьащи, къабыл сымыщIын-кIэ Iэмал иIэкъым».
  • Мы Iуэхур Къущхьэ Каринэ узыблэкI мыхъуну къызэрилъытэр къыхигъэщри, и еплъыкIэмкIэ Iэтащхьэм дэгуэшащ: «ЩIыналъэ къэс егъэджакIуэхэр зэрыт щытыкIэхэр зэщхькъым. Абы щхьэусыгъуэ куэд иIэщ, ауэ егъэджакIуэм мы Iуэхум хуиIэ еплъыкIэр Iэмалыншэу къэхутэн хуейщ. Гъэсэныгъэ лэжьыгъэр еджапIэм щезыхьэкIыр аращи, къэрал унафэу къехым хэлъын хуей «цIыхугъэм» абыхэм я псалъэр хэмылъмэ, ди щыщIэныгъэхэм къытедгъазэ зэпыту кIуэнущ».
  • КIуэкIуэ Казбек арэзы дэхъуащ Къущхьэм къыхилъхьа жэрдэмым: «Илъэсым и егъэджакIуэ» зэпеуэм и пщIэр ди щIыналъэм къыщыIэтын хуейщ.
  • ЗэIущIэм и кIэухыу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Илъэсым и егъэджакIуэ-2021» зэпеуэм и щIыналъэ, хэгъэгупсо, урысейпсо Iыхьэхэм хэта дэтхэнэми фIыщIэ яхуищIащ, псоми ехъулIэныгъэ зэрызыIэрагъэхьар, нэгъэсауэ зэрыегъэджакIуэфIыр утыку къызэрихьам къызэригъэлъэгъуар жиIащ.
  • Фигу къэдгъэкIыжынщи, КъБР-м и Iэтащхьэм и Унафэм ипкъ иткIэ, мы гъэм щегъэжьауэ егъэджэныгъэ олимпиадэхэм я урысейпсо икIи хэгъэгупсо Iыхьэхэм къыщыхэжаныкIахэми, ахэр зыгъэхьэзыра егъэджакIуэхэми ахъшэ саугъэтхэр иратынущ. Унафэм ипкъ иткIэ, мы гъэм егъэджакIуэ 56-м я фIыщIэр къыхагъэщащ, ахъшэ тыгъэхэри иратащ. Абы къищынэмыщIауэ, КъБР-м и Iэтащхьэм къищта унафэм ипкъ иткIэ, егъэджакIуэхэм я лэжьапщIэр проценти 10-кIэ хагъэхъуащ. ЛэжьапщIэр зэрыхагъахъуэ программэр илъэсищым теухуащ.
  •  
  • ШУРДЫМ  Динэ.