ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъэпкъхэм я спорт лIэужьыгъуэхэмрэ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэмрэ яхъумэ

2021-10-02

  • Урысейм и Ипщэ щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм щэнхабзэмрэ спортымкIэ я фестиваль иджыблагъэ Кърымым щекIуэкIащ. Абы екIуу хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лIыкIуэхэри. Спорт лIэужьыгъуэ зэмыщхьхэмкIэ зэфIэкI лъагэхэр зыбгъэдэлъ щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблыр, къулыкъущIэхэр я пашэу, Алуштэ щыIащ ди щэнхабзэ дахэмрэ спортсменхэм я зэфIэкIхэмрэ ягъэлъагъуэу. Зэхыхьэм и ныкъуэр Севастополь къалэм щекIуэкIащ.

  • Хуабжьу гъэщIэгъуэнт икIи удэзыхьэхт мы гъэм ебланэу ирагъэкIуэкI фестивалым и программэм и зэхэлъыкIэр. Спортсменхэр лIэужьыгъуэ 13-кIэ зэпеуащ. ЩэнхабзэмкIэ Iыхьэм хэтащ Урысей Федерацэм и Ипщэ щIыналъэмрэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэмрэ я къафэмрэ уэрэдхэмкIэ къэрал ансамблхэр, урысейпсо, дунейпсо, лъэпкъ фестивалхэм щытекIуа гупхэр.
  • Кърым Республикэм щыпсэухэм я дежкIэ гурыфIыгъуэшхуэт Кавказ Ищхъэрэм и ансамбль цIэрыIуэхэу «Кабардинка», «Налмэс», «Алан», «Вайнах», «Ингушетия», «Къарча», «Ставрополье» ансамблхэм я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэм еплъыну.
  • Фестивалыр Алуштэ къалэм и «Крымский» стадионым щекIуэкIащ. Ар къыщызэIуахым хэтащ Урысей Федерацэм спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Байсултанов Одес, Кърым Республикэм и Iэтащхьэ Аксенов Сергей, хэгъэгу пщыкIуплIым щэнхабзэмрэ спортымкIэ я министрхэр.
  • Къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэкIэ защыхуигъазэм, Байсултанов Одес Кърымым и Iэтащхьэм фIыщIэ хуищIащ Iуэху дахэр я лъахэ къыщызэрагъэпэщыныр къазэрыдиIыгъам папщIэ.
  • — УФ-м СпортымкIэ и министерствэм къыбгъэдэкIыу фIэхъус гуапэ фызох фестивалым къекIуэлIахэми, и хьэщIэхэми. Иджы япэу щекIуэкIыу аращ мы зэхьэзэхуэр Кърым Республикэм. Си гугъэщ зэхыхьэшхуэм спортым цIыхум дежкIэ иIэ мыхьэнэр, гъащIэ узыншэ къэбгъэщIэнымкIэ абы и сэбэпынагъыр цIыхубэм я деж нихьэсыну, иджыри зэ ягу къигъэкIыжыну. Апхуэдэуи лъэпкъ зэгурыIуэныгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ нэхъри зэригъэбыдэнум шэч къытесхьэркъым, — жиIащ министрым и къуэдзэм.
  • Ар зэхьэзэхуэм хэт псоми ехъуэхъуащ ехъулIэныгъэ яIэну.
  • Фестивалыр къыщызэIуахым я хэгъэгу ныпхэр яIыгъыу, я къэфакIуэхэр фащэ дахэхэмкIэ зэщыхуэпыкIауэ, спортсменхэм фэилъхьэгъуэ зэщхьхэр ящыгъыу дахэу утыку кърашащ, дэтхэнэри зыщыщ республикэр жаIэу. А махуэм утыку нэхъыщхьэм зэхьэзэхуэм и дамыгъэр, спорт ехъулIэныгъэм и мафIэ бзийр щыщIагъэнащ. Ар стадионым кърихьэну хуагъэфэщащ Токио щекIуэкIа Олимп Джэгухэм жэз медаль къыщызыхьа, боксёр цIэрыIуэ Бакши Глеб.
  • Фестивалым гъэщIэгъуэну къыщыхъуахэм ящыщщ Урысейм рекордыщIэ зэрыщагъэувар. УФ-м Къару экстримымкIэ и федерацэм и унафэщI Грищенкэ Василий килограмм щитI хъу мывэ къиIэтащ.
  • 2022 гъэм Урысейм и Ипщэ щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм щэнхабзэмрэ спртымкIэ я фестивалыр Шэшэн Республикэм щекIуэкIынущ, абы и спортсменхэр япэ зэрищам ипкъ иткIэ.
  • Фигу къэдгъэкIыжынщи, мы фестивалыр я нэIэ щIэту йокIуэкI Урысей Федерацэм СпортымкIэ, ЩэнхабзэмкIэ я министерствэхэм. Щэнхабзэ Iыхьэм и къызэгъэпэщакIуэр «Росконцерт» компаниерщ. Илъэс зыбжанэ и пэ мы Iуэху дахэр Кавказ Ищхъэрэм къыщрахьэжьащ, итIанэ Байсултанов Одес и фIыгъэкIэ нэхъри зиубгъури, хэт хэгъэгухэм я бжыгъэм хэхъуащ.
  • Фестивалым и мыхьэнэ нэхъыщхьэр лъэпкъхэм къадекIуэкI спорт лIэужьыгъуэхэмрэ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэмрэ хъумэнырщ, Урысей Ипщэм ис лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэнымрэ дяпэкIи зэхущытыкIэфIхэр я зэхуаку дэлъу къэгъуэгурыкIуэнымрэ хуэунэтIынырщ.
  • Къэбарт Мирэ.