Зэныбжьэгъугъэр нэхъри ягъэбыдэ
2021-09-30
- Налшык дэт «Акрополь» уардэунэм иджыблагъэ къыщызэIуахащ «Куначество-2021» Iуэху дахэр. КъБР-м Граждан жылагъуэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм а проектыр зэрыригъажьэрэ илъэс зыбжанэ хъуащи, кIуэ пэтми зиубгъу, къыхыхьэхэм я бжыгъэр нэхъыбэ хъу зэпытщ.
- «Къунакъ» псалъэм и мыхьэнэмрэ а хабзэ дахэмрэ мы проектым и фIыгъэкIэ куэдым къащIэжащ. Абы и къалэн нэхъыщхьэр пасэрей хабзэжьхэр зи лъабжьэ а Iуэхур къагъэсэбэпу Урысейм ис лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр, къуэшыгъэр гъэбэгъуэнырщ. Ар къызэрежьэрэ, лъэпкъ, къалэ, щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ ныбжьыщIэ куэд абы зэригъэубыдащ, зэгъусэу еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэтIысхьахэр, унагъуэкIэ зэкIэлъыкIуэхэр яхэтщ.
- 2009 гъэм, мы проектыр щрагъэжьам, Аргуданрэ Гундэлэнрэ щыщу унагъуий къыхыхьауэ арат. 2015 гъэм Iуэхум зиубгъури, дунейпсо мыхьэнэ игъуэтащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ ныбжьыщIэхэр Трабзон къалэм ягъэкIуат, ди республикэми Тыркум щыщ ныбжьыщIэхэр щагъэхьэщIат.
- Гъэ кIуам, уз зэрыцIалэм и зэранкIэ, мы Iуэхум зрагъэубгъуфакъым.
- 2021 гъэм проектым унагъуэ 18 къыхыхьащ, 9-р бысымщ, 9-м я сабийр хьэщIапIэ ягъакIуэ.
- КъБР-м граждан жылагъуэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ КIурашын Анзор зэIущIэр къызэIуихри, къызэхуэсахэм ехъуэхъуащ. Ар «Къунакъхэм» я кодексым къеджэри, хьэщIэхэри бысымхэри абы тетыну къыхуриджащ. Апхуэдэуи, лъэныкъуитIми яхь жэуаплыныгъэр зэрыиныр ягу къигъэкIыжащ КIурашыным.
- АдэкIэ бысымхэмрэ хьэщIэхэмрэ ятеухуа хъыбар кIэщIхэр жаIэжурэ, зэрагъэцIыхуащ. Шэч хэмылъу, а цIыкIухэр гузавэрт, ауэ яфIэфIу зэрыхэтри ябзыщIыртэкъым. Дэтхэнэ лъэныкъуэм дежкIи ар Iуэху ину зэрыщытыр зыхыумыщIэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Ахэр зэрызэгъусэну махуэ зыбжанэм куэд елъытащ, а лъэбакъуэр зэныбжьэгъугъэ иным къежьапIэ хуэхъуну гугъэфIхэр уегъэщI, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, проектым и къызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, апхуэдэ щапхъэхэр мащIэкъым.
- ТхьэмахуэкIэ екIуэкIыну «Куначество-2021» Iуэху дахэм хэтхэм ахэр зыхуеблэгъа къуажэр ирагъэцIыхунущ, щхьэж и унагъуэ илъ хабзэ дахэхэм нэIуасэ хуащIынущ. Къыхэгъэщыпхъэщ мы проектыр егъэджэныгъэм зэран зэрыхуэмыхъунур — щхьэж щыхьэщIэ къуажэм дэт школым ягъэкIуэну траухуащ.
- Пшыхьым кърихьэлIахэм я уэрэд, къафэ дахэхэмкIэ я гукъыдэжыр къаIэтащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Теппеев Алим, Музыкэ театрым и солистхэу Белоцерцовская Динэрэ Амщокъуэ Амырхъанрэ. Сыт и уасэт «Шагъдий» цIыхубэ ансамблым и гуп нэхъыщIэм абы щигъэзэщIа къафэр!
- Щомахуэ Залинэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.