Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2021-09-11
- Жыгым и пщIащэр и фащэщ
- Дзыгъуэ цIыкIурэ пэт Iэтэшхуэм ипIытIыркъым.
- Дзыхь зыхуумыщI щыкъур мэкъутэ.
- Езэшыр пшынэ йоуэ.
- Ем «сынокIуэ» жиIэркъым.
- ЕсыкIэ умыщIэмэ, IупщIа псыми уитхьэлэжынщ.
- ЖамыIа щыIэкъым, ямыщIа мыхъумэ.
- Жанхъуэтхьэблэ къафэу къытрегъэзэж.
- ЖыхапхъэщIэр фIыуэ мэпхъанкIэ.
- Жыгым и пщIащэр и фащэщ.
- ЖысIэр щIэ, сщIэм уемыплъ.
- Жьым и мыгъуэщ, щIэм и гъуэджэщ.
- Хъуэжэ езым зыкъигъэпцIэжащ
- Хъуэжэ пIащIэу унэм кIуэжырт. Уэрамым щызэхэт цIыху гупым щаблэкIым зыгуэр къеупщIащ:
- — СлIожь, Хъуэжэ, уи кIэм мафIэ щIэна, дэнэ апхуэдизу упIащIэу уздэжэр? — жиIэри.
- Хъуэжэ и кIэм еплъыжри:
- — Хьэуэ, мафIэ лъэпкъ слъагъуркъым, — жиIащ.
- — АтIэ дэнэ уздэжэр? — къеупщIащ аргуэру а зэгуэпыгъуэр.
- Хъуэжэ къызэтеувыIащ, лIыр гъунэгъуу къызыбгъэдишэри щэху дыдэу жриIащ:
- — Хъурмэ куэд къашауэ къалэжьыщхьэ деж пщIэншэу щат, си хъуржыныжьыр цIыкIуIуэ къысщыхъужауэ чыматэри къэсщтэну сокIуэж, зыми жумыIэу уи закъуэ къыдэкI, — жиIэри Хъуэжэ ежьэжащ.
- Зы тэлай дэкIауэ, Хъуэжэ щхьэгъубжэмкIэ къыдэплъри къилъэгъуащ пэгун, матэ, хъуржын яIыгъыу хъурмэхьэ пхъэра цIыхухэр.
- — Алыхь-алыхь, зыхэзгъэкIыжырти, пщIэншэу ят хъурмэм, — жиIэри и хъуржыныжьымрэ зы чыматэрэ къищтэри, езырии якIэлъыдэжащ бгым.
- КъэпцIа цIыхухэр бгыщхьэм щызэрызехьэу тетт, къэзыгъэпцIам лъыхъуэхэу. Япэ зыхуэзауэ щыта лIым Хъуэжэ къызэрилъагъуу, къепхъуэри утыкум ирилъэфащ:
- — Мис а пцIыр зыгъэIуар, — жиIэри.
- — Хэт жысIэу зэхиха? КъызэфшалIэ мыдэ! — къахуикIуэтакъым Хъуэжэ.
- — Сэ щэхуу къызжепIащ, — жиIэри лIы зэгуэпыгъуэр къэуващ.
- — Си шыдыр хьэм щишхым щыгъуэ си макъым къызэрикIкIэ сыкIиияти зыми зэхихакъым, иджы уэ зым щэхуу бжесIар сыту псынщIэу къуажэ псом щызэлъащIыса? — жиIэри яхуидакъым Хъуэжэ «пцIы» къытралъхьэу.
- КъардэнгъущI Зырамыку.
- Сабийр хущхьэрей хъуамэ…
- Сабийм и дзэр къыхэкIыху гъуджэ ирагъаплъэртэкъым, ар къэкIыгъуей мэхъу жаIэрти.
- Сабийр хущхьэрей хъуамэ, нэ техуауэ къалъытэрт.
- Уафэр и мычэзууэ гъуагъуэмэ, фIыкъым, мэкъумэшыр шэджэладжэ мэхъу жаIэрт.
- Ужьэ уи щIапIэ къихьэну фIыуэ къалъытэ.
- Уи хьэ дэкIыу кIуэдыну фIыкъым, жаIэ.
- МафIэм уриджэгуну фIыкъым.
- Мэрем пшыхьым пхъэнкIий ирадзтэкъым.
- НапщIэ уфар угъурлыкъым жаIэрт.
- Псы макъыр ищхъэрэкIэ къыщыIумэ, уэлбанэ хъуну къалъытэрт.
- ПхъэнкIэрей угъурсызщ жаIэрт.
- Аруан районым хыхьэ Псынабэ къуажэм щыпсэу Шакъ Илонэ и ныбжьыр илъэси 10 хъууэ аращ. Пщащэ цIыкIур дехьэх тхылъ еджэным, псом хуэмыдэу фIэфIщ адыгэбзэкIэ тха усэхэр. Дэзыхьэх Iуэхум и къару щеплъыжу Илонэ езыми къалэмыр къищтащ. Нобэ теддзэ усэ цIыкIур хъыджэбз цIыкIум и япэ лэжьыгъэхэм ящыщщ.
- Псынэ цIыкIу
- КъыщIэжат щIы щIагъым
- псыни,
- Псышхуэ ар хъужащ.
- ДегъэгуфIэ цIыкIуи ини,
- Хъуэхъууи куэд жытIащ.
- Псышхуэр уэру
- зэкIэщIожыр,
- Къигъуэтащ кIэнауэ.
- Ди уэрамым сыкъыдокIри,
- Соплъ зэрыIущащэм:
- Сэ сы-псынэ цIыкIущ,
- Сы сы-псынэ къабзэщ,
- Сы сы-псынэ дахэщ,
- Сэ сы-псынэ IэфIщ.
- Зы къыскIэлъымысу
- Сэ къуажэкIэмкIэ сожэх.
- ЖыIэгъуэ шэрыуэхэм къарыкIыр
- ГушыIэкIэ зымыщIэр IэштIымкIэ мауэ — Зыгуэрым гушыIэ папщIэу Iущыгъэ зыхэмылъ, акъылыншагъэ щыжиIэм деж къапсэлъ хабзэщ.
- ГуIэр и Iэпэ йодзакъэ — Гузэвэгъуэм, щытыкIэ Iейм зэрихуэ цIыхум хэдэ-хэплъэ иIэжкъым — хэкIыпIэ хуэхъуну къилъытэм зыхуедз.
- Гъуэгум пкIэлъей ебдзмэ, кIэщI мэхъу — Гъуэгум хъыбар щыжыпIэмэ, ущыуэршэрмэ, зэшыгъуэ хъуркъыми, гъуэгуанэр зэрыпкIуар умыщIэу зэпыбоч.
- ГъущI куэбжэ зиIэ гъущI мастэ щощIэ — Зыгуэр хуэмыныкъуэ щыIэкъым.
- Дахэм и напэ пIастэ ирагъэпщIыркъым — «Дахагъэ къудейр мащIэщ, фIагъи хэлъын хуейщ» жыхуиIэщ.
- ДаIуэ шхиипэ тоувэ — «Чэнджэщ зылъытэр къызэрымыкIыфын щытыкIэ щыIэкъым» жыхуиIэщ.
- Дыгъужь ущышынэмэ, мэз умыкIуэ — Къыппэщыт гугъуехьхэм, шынагъуэхэм уащыщтэмэ, Iуэхум щыщIэбдзэн щыIэкъым.
- Джэд нэхърэ джэдыкIэ нэхъ Iущщ — НэхъыщIэр нэхъыжьым нэхърэ нэхъ губзыгъэу, нэхъ акъылыфIэу щытынкIи мэхъу.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу: 1. ЛIым и шыпхъу. 4. ЩIалэ къамылыфэ, фIыцIафэ. 6. ЛIы домбейм ерыскъыр … хуэхъуакъым (зигъэнщIакъым). 7. Пщым и IуэхутхьэбзащIэ. 8. … сэрей. 9. Пхъэ уадэшхуэ. 11. ЩIымахуэ … е гъэмахуэ … 13. Егъэлеяуэ ерыщ. 16. Ар лIыхъужьым жыжьэрэ гъунэгъуу ещхькъым. 17. ЩоджэнцIыкIу Алий Тыркум щитха усэ цIэрыIуэ. 18. ХадэхэкI. 19. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, ар дэм хуэдэщ. 20. ЩIыпIэ сэтей, тафэ. 22. Нартыхур бгъэлъалъэмэ, ар къонэ. 24. Iэщ … бгъашхэмэ, уи Iупэр дагъэ къищIынщ, цIыху … бгъашхэмэ, уи Iупэм къеуэжынщ. 26. Къэбэрдей тхакIуэ, журналист Къэрмокъуэ … 27. Узижагъуэм и нэм бжэгъуу …
- Къехыу: 2. Шым и … макъ бом къыщIэIукIащ. 3. Пхъэм къыхабзыкIа бжэмышхышхуэ. 4. Гъущэ, псы зыщIэмытыж. 5. Ар уи пашэмэ, вэнвейм ухешэ. 10. Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэуа усакIуэ цIэрыIуэ Нэхущ … 11. Кавказ Ищхъэрэм щыщ лъэпкъышхуэ. 12. Совет къэралыгъуэм и къызэгъэпэщакIуэ. 14. Къуаргъым нэ хуащIати, « … » жиIащ. 15. Члисэм фIэлъ уэзджынэшхуэ. 21. А къуалэбзур куэдрэ уэмэ, и дамэр мэкъутэ. 23. ЕуэкIыпIэ. 24. Таурыхъхэм узыщрихьэлIэ фызыжь бзаджэ. 25. Нартыху хъумапIэ.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- ФокIадэм и 4-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу: 1. Назирэт. 4. Гугъэ. 5. Хъущт. 9. Псысэ. 10. Къудамэ. 11. Къэхъун. 12. Бжэн. 15. Щэуей. 16. Къундуз. 18. КIэгъу. 20. Уэр. 21. Тхьэмпищ.
- Къехыу: 1. Нэ. 2. Ибэ. 3. Тхъу. 4. Гуапэ. 6. Тхьэв. 7. Псыхъурей. 8. Адэжынэ. 13. ГущыкI. 14. Узыр. 17. Хьэм. 19. Гъут. 20. Ущ.