ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Шэрджэс  дерби»-2021

2021-08-17

  • Адыгэшыр хъумэнымкIэ фондым хъыбар зэбгритыкIащ 2021 гъэм и «Шэрджэс дерби» шы гъэунэхуныгъэр мы гъэм жэпуэгъуэм и 1-м зэрекIуэкIынумкIэ. Шы гъэхъунымкIэ урысейпсо щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтымрэ (ВНИИК) Адыгэшыр хъумэнымкIэ фондымрэ иджы етIуанэу зэхаублэ «Шэрджэс дерби» цIэр зезыхьэ шыгъажэ кIыхь зэпеуэр. Зэхьэзэхуэ теплъэм иту къызэрагъэпэщу щытми, абы и мыхьэнэр адыгэшым и зэфIэкIыр здынэсыр къэхутауэ адэкIэ зэрелэжьынум епха лэжьыгъэхэм яужь ихьэнырщ. 2021 гъэм и «Шэрджэс дербир» Нартан щызэхэтынущ жэпуэгъуэм и 1 — 10 махуэхэм.

  • Зэпеуэм хыхьэну зи мурадхэм папщIэ ар зэрекIуэкIыну щIыкIэм Адыгэшыр хъумэнымкIэ фондым щыгъуазэ дещI:    
  1. МахуипщIым и кIуэцIкIэ махуэ къэс сыхьэт 12-м къриубыдэу зэпачынущ нэхъ мащIэ дыдэу километри 100.
  2. Километр 25-рэ къакIуху, шы къэс Iэщ дохутырхэр къеплъынущ. Шум гъуэгуанэр пищэну хуит щащIынур шым и гур зы дакъикъэм 64-рэ къеуэу зэрыхъужам Iэщ дохутырхэр щыхьэт техъуа нэужьщ.
  3. Зэпеуэм хэтыну хуит ящIыр зи ныбжьыр илъэси 7-м фIэкIа адыгэ шыбзхэмрэ хакIуэхэмрэщ (алащэхэр хэмыту).
  4. Шымрэ шумрэ дэтхэнэми я хьэлъагъыр килограмм 75-м нэхърэ мынэхъ мащIэу, 90-м нэхърэ мынэхъыбэу щытын хуейщ.
  5. Зэпеуэм и мылъку саугъэтыр сом мин 500-м нос. Ар гъуэгуанэм и кIэм нэсахэм зэхуэдэу трагуэшэжынущ.
  •  
  • Чэрим Марианнэ.