ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ТхакIуэр  ягъэлъапIэу

2021-08-12

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, Хэку зауэшхуэм лIыхъужьыгъэ зэрихьэу хэта, адыгэбзэм, лъэпкъ IуэрыIуатэмрэ литературэмрэ теухуа щIэныгъэ тхыгъэхэр, романхэмрэ Iуэтэжхэмрэ зи къалэмыпэм къыщIэкIа Нало Ахьмэдхъан къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъум иращIэкI гуфIэгъуэ Iуэхухэм ящыщ зыуэ дунейм къытехьащ усакIуэм и сурэт зытет пощт карточкэ.

  • КъБР-м и Коллекционерхэм я зэгухьэныгъэмрэ Урысейм и пощтымрэ  я жэрдэмкIэ ар къыдэкIащ. Минищ хъууэ традза фэеплъ карточкэхэр Урысей псом щызэбгрыкIынущ. Ахэр, шэч хэмылъу, ди къэралым щыпсэу коллекционерхэм, конверт, карточкэ, бгъэхэIу, нэгъуэщIхэри зэхуэзыхьэс-хэм я гъэтIылъыгъэхэм ящыщ зы хъунущ. Коллекционерхэм я Къэбэрдей-Балъкъэр зэгухьэныгъэм къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжахэм ящыщ зыщ ди тхакIуэхэр, усакIуэхэр, цIыхушхуэхэр нэгъуэщI лъэпкъхэм, дуней псом къегъэцIыхуныр.
  • Иджыри зы Iуэхугъуэ къыхэгъэщын хуейщ. Зи сурэт карточкэм традза цIыхур къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу пощт маркэхэр къызэрагъэсэбэпам щыхьэт техъуэ мыхъурыр тегъэуэныр, «гашение» жыхуаIэр, пощтым щокIуэкI. Апхуэдэу, Налшык и Пощт             IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм шыщхьэуIум и 10-м карточкэхэм щытрагъэуащ Налом и сурэтыр. «КъыхэгъэжьыкIа» сурэтым и мыхьэнэр апхуэдэ дамыгъэ зытегъэуа карточкэр, нэгъуэщI маркэ гуэри хуэмейуэ, дэни ебгъэхь зэрыхъурщ.
  • ИСТЭПАН Залинэ.