Андэгурэм фейдэ пылъщ
2021-08-12
- Гъавэ щIапIэмкIэ бей Ставрополь щIыналъэм андэгурэр (горчица) фейдэуэ къыщалъытауэ хасэ. Абы дагъэу хэлъщ процент 37 — 45-рэ, белокыу — 23 — 25-рэ. КъинэмыщIауэ, андэгурэр — фо пасэу къызыпах къэкIыгъэщ икIи тонныр сом мин 45 — 50-кIэ ящэ. Абы къыкIэлъокIуэ былымкъабыстэр (рапс) — зы тонныр сом мин 40 и уасэщ. Зыщэр зэрымащIэм, щIэупщIэ зэриIэм тращIыхьу, гъэ къакIуэ нэхъыбэу ящIэну я мурадщ.
- Андэгурэм щолэжь крайм и район зыбжанэм. Абы и жылэр Польшэм, Германием, Бангладеш ирагъашэ. Мы къэкIыгъэм къыщIаху дагъэр къагъэсэбэп щIакхъуэ зыгъажьэхэм, фIэIугъэ, майонезрэ маргаринрэ зыщIхэм. Ауэ абыкIи иухкъым: медицинэм, парфюмерием (сабын гъэвэнри хэту), щэкIым, фэм елэжь IуэхущIапIэхэм ар куэду къагъэсэбэп.
- МэкъумэшыщIэхэм зэрыжаIэмкIэ, андэгурэм щIыр егъэкъабзэ, егъэпшэрри, ар зытетам нэгъуэщI къэкIыгъэ тепсэну фIыщ.