ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Олимп дыщэр Кавказым щолыд

2021-08-07

  • Токио щекIуэкI гъэмахуэ Олимпиадэр иухыным къэнэжар махуищ къудейщ. Иужьрей зэхьэзэхуэхэм абы хуабжьу гухэхъуэу къыщыхожаныкI Кавказ щIыналъэм икIа щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ.

  • Медалхэм я бжыгъэ зэпеуэм ухэплъэмэ, шыщхьэуIум и 4-м Инджылызым Урысейр еханэ увыпIэм къригъэкIуэтэхауэ щытащ. Ауэ махуэ блэкIам къахуихьа ехъулIэныгъэхэм я фIыгъэкIэ ди спортсменхэр аргуэру етхуанэ увыпIэм дэкIуеижащ.
  •  ШыщхьэуIум и 4-м 53-нэ дыщэ медалыр къэралым къыхуахьащ псым тIуры-тIу щызэдесын IэзагъкIэ зыри зылъэщIэмыхьэфа Ромашинэ Светланэрэ   Колесниченкэ Светланэ-рэ. ИтIани, Iуэхум гугъэзагъэу зихъуэжын щыщIидзар боксымрэ бэнэкIэ хуитымкIэ иужьрей зэпеуэхэм я чэзур къэса нэ-ужьщ.
  • ШыщхьэуIум и 5-м Урысейм и медаль бжыгъэр боксым къыщызэIуихащ килограмм 75-рэ нэхърэ мынэхъ хьэлъэхэм я гу-пым щызэуа Бакши Глеб   и домбеякъым.
  • Дыщэр зи Iэрылъхьэ хъуа нэгъуей щIалэ Батыргазиев Альберт и нэгум уиплъэмэ, игъащIэкIи уи фIэщ хъункъым килограмм 57-рэ нэхърэ мынэхъ хьэлъэхэм зы цIыху япэ щизымыгъэща спортсмен нэфIэгуфIэм и Iэр къиIэту зыгуэрым еуэфыну. Ауэ щыхъукIэ, ар зытекIуар США-м щыщ боксёр лъэрызехьэ дыдэхэм хабжэ Рэган Дюкщ. Урысейм щыщ лъэпкъ цIыкIум къызэрыхэкIам нэмыщIыж, Альберт къыщалъхуар Дагъыстэн дыдэми зи цIэр къыщыхэмыщ Нэгъуей щIыналъэрщ. Абы нэхъри нэхъ гухэхъуэ ищIащ олимп чемпионыщIэм къыдэщIа и лъэпкъэгъухэм я гуфIэгъуэ зэхэзежэр.
  • Боксыр пщигъэгъупщэжыну гуащIэу екIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ зэхьэзэхуэри. ЯпэщIыкIэ и домбеякъ медалымкIэ дигъэгуфIащ Найфонов Артур.
  • Индием къикIа Рави Кумар 7:4-уэ текIуэри, а унэтIыныгъэ дыдэм дыщэ медалыр щызыIэригъэхьащ Дагъыстэным щыщ Угуев Заури (килограмм 57-рэ нэхърэ мынэхъ хьэлъэхэм).
  • ХъыбарыфIкIэ узыщагъэгугъ Кавказым щыщ адрей щIалэхэми. Осетин бэна-кIуэ Сидаков Заурбек и хьэрхуэрэгъум 11:0-у текIуэри, иужьрей зэпеуэм нэсакIэщ. Ардыдэм дагъыстэн щIа- литI щызэхуэзэжынкIи хъунущ. Ахэр зыми егъэцIыхужын хуэмей, 2016 гъэм екIуэкIа Олимпиадэм и чемпион Садулаев Абдулрашидрэ абы куэдкIэ къыкIэрымыху Рашидов Гаджимурадрэщ.
  • А махуэ дыдэм башыр къагъэщхьэпэу лъагэу дэлъеинымкIэ зэпеуэхэм къахэжаныкIащ дыжьын медаль къэзыхьа Сидоровэ Анжеликэ.
  • Япэрей зэхьэзэхуэхэм пхыкIакIэщ КъБР-м и цIыхубэм фIыуэ ялъагъу, КъалэкIыхьым щыщ хъыджэбз Ласицкене Марии. Щэ-нейрэ дунейпсо чемпион хъуа Марие сантиметри 195-м щхьэдэлъыхри, кIэух   зэпеуэм нэсакIэщ. ШыщхьэуIум и 7-м Ласицкене зэхьэрхуэрэгъу 14 зыхэтыну иужьрей утыку ихьэгъуэм дыщигъэгуфIэну дыщогугъ.
  • ШыщхьэуIум и 6-м бэнэкIэ хуитымкIэ утыкум Венгрием къыбгъэдэкIыу ихьащ Хьэсэней къуажэм щыщ Мусукаев Исмэхьил. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъу-щи, щIалэр иужьрей зэпеуэм и Iыхьэ плIанэм япон бэнакIуэм щыпикIуэтащ.
  • Кавказ бэнакIуэхэм къакIэрымыхуу къыщIэкIащ боксым хэт Магомедалиевэ Земфирэ. ШыщхьэуIум и 6-м дагъыстэн хъы-джэбзым Урысейм и 59-нэ медалыр (домбеякъ) къыхуихьащ. А унэтIыныгъэ дыдэм дыжьын медаль къыщилэжьащ Гаджимагомедов Муслим.
  • Урысей хъыджэбзхэр къыщикIуэтыну я мурадкъым художественнэ гимнастикэми. Псом япэ иту зэхьэзэхуэм хэтщ Аверинэ зэшыпхъухэу Аринэрэ Динэрэ.
  • Тхыгъэр хьэзыр хъуакIэт осетин щIалэ Сидаков Заурбэч Урысейм 17-нэ дыщэ медалыр къызэрыхуихьа хъыбарыр къыщыIуам. Пщэдей ардыдэмкIэ дыщогугъ Кубэм щыщ и хьэрхуэрэгъум 4:0-у текIуэу кIэух зэпеуэм нэса Садулаев Абдулрашид.
  •  
  • Чэрим Марианнэ.