Къызэдэунэхуащ
2021-07-27
- Хьэршыр зыджхэм иджыблагъэ хъыбар зэбграгъэхащ нэм къыхуэмыплъыхь, гъуни нэзи зимыIэ уахэ жыжьэм зэманыр, дыщыпсэум зэрыщекIуэкIым хуэмыдэу, щызэщIэкIуэж нэгъуэщI КъэщIыгъэ (Дуней) зэрыщыIэм ехьэлIауэ.
- США-м хьэршым кIэлъыплъу щыIэ NASA IуэхущIапIэм щылажьэхэм къызэралъытэмкIэ, зэманыр «шыпхэтIыгу щIыкIэу» щекIэрэхъуэкI хьэрш лъащIэри дэ дызыхэсыхьри Къэлындыгъэ ИнкIэ (Большой взрыв) зэджэ къэхъугъэм и Iэужьщ.
- «Al Jazeera» агентствэм къызэритымкIэ, астрофизикхэм я деж зэдауэшхуэхэр къыщыхъеящ, NASA IуэхущIапIэм щыIэнкIэ хъуну жыхуиIэ Дуней къызэрымыкIуэм и щытыкIэр, и хьэл-щэныр зыхуэдэм ехьэлIауэ. Еджагъэшхуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, дыдейм емыщхьу зэманыр щызэщIэкIуэж КъэщIыгъэм къыщхьэщыкIыныгъэ нэхъыщхьэу иIэр зы закъуэщ: къыщыхъу псоми я зэблэхъукIэр, дэбгъуэн щымыIэу щызэпыща пэтми, блэкIам къикIыу дыздэщыIэм къызэрыхуэкIуэжырщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдэр дэ, КъэщIыгъэ «захуэм» щыпсэухэр, я нэхъ мащIэрауэ дызэмысащ.
- NASA-м щыщхэр апхуэдэ гупсысэм тезышар Антарктидэм щагъэува ANITA антеннэу электро-малъхъэдис сыджхэр къэзыубыдым кIэрапха шар абрагъуэу щIы щхьэфэм лъагэу щхьэщаIэтыкIам къыIэрыхьэ радиоимпульсхэм я зэкIэлъыкIуэкIэрщ.
- ЩIы Хъурейр къэзыухъуреихь хьэуам хьэршым къикIыу дапщэщи къыхолъатэ, зэрыжьгъей дыдэм ятетщIыхьмэ, къаруушхуэ зыбгъэдэлъ мэскъалхэри. АтIэ, мис абыхэм я зыгъэзэкIэм кIэлъыплъ къэхутакIуэхэращ гу лъызытар «тау-нейтрино» зи фIэщыгъэ мэскъал нэхъ хьэлъэхэр, уафэмкIэ къимылъэтыкIыу, ЩIым къыхэкIыу хьэршым зэрыхуэкIуэжым.
- ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, апхуэдэ зэщIэкIуэжыкIэ къэзыгъэлъагъуэ мэскъалхэр зи гугъу тщIы КъэщIыгъэ къызэрымыкIуэу къыддэгъуэгурыкIуэм и хабзэ-бзыпхъэхэм тетхэм ящыщщ.
- Еджагъэшхуэхэм зэрагугъэмкIэ, илъэс мелард 13,8-рэ ипэкIэ зыкъызэкъуэзыха Къэлындыгъэ Иным иужькIэ зэуэзэпсэу къызэдэунэхуащ дыщыпсэууэ дызэсэжа Дунеймрэ зэманыр дызэрытым икIыу блэкIам хуэзышэж КъэщIыгъэ телъыджэмрэ.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.27