ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЦIыхубэ  усакIуэр ягу  къагъэкIыж

2021-07-24

  • Бадзэуэгъуэм и 22-м ягу къагъэкIыжащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, УФ-мрэ КъБР-мрэ я къэрал саугъэтхэм я лауреат, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь КIыщокъуэ Алим Пщымахуэ и къуэр къызэралъхурэ илъэси 107-рэ щрикъум ирихьэлIэу. УсакIуэшхуэм и фэеплъу Налшык къалэ администрацэм и гупэм къитым деж, хабзэ зэрыхъуауэ, лъэпкъ интеллигенцэм, усакIуэм и тхыгъэхэр фIыуэ зылъагъухэм, и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ, къэзыцIыхуу щытахэм удз гъэгъахэр тралъхьащ.

  • УсакIуэм къытхуигъэнащ лъэпкъ прозэм, усыгъэм, драматургием хуищIа хэлъхьэныгъэхэр. КIыщокъуэм цIыхубэм тыгъэ къытхуищIащ и щIэинхэр, псалъэм, гупсысэм, гъащIэм я дахагъэр. Абы и тхыгъэхэм Iуданэ плъыжьу щыпхышащ ноби тхылъеджэхэм зызыхуагъазэ а лъапIэныгъэхэр.
  • КIыщокъуэ Алим и япэ гъэсакIуэ, егъэджакIуэ хъуащ ЩоджэнцIыкIу Алий. Абы теухуауэ КIыщокъуэм сыт щыгъуи игу къигъэкIыжырт: «Усэ тхыным сыщIыдихьэхам щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ хуэхъуар ЩоджэнцIыкIу Алий сызэрыхуэзарщ».
  • Нобэр къыздэсым зэгъунэгъу лъэпкъхэм я щапхъэу къахь цIыхубэ усакIуэхэу, 1941 — 1945 гъэхэм Хэку зауэшхуэм зэдыхэта КIыщокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ яку дэлъа зэныбжьэгъугъэ гуапэр.
  • Налшык къалэм и уэрамхэм ящыщ зым КIыщокъуэ Алим и цIэр зэрехьэ. Ар къыщалъхуа Щхьэлыкъуэ къуажэм къыщызэIуахауэ щолажьэ и фэеплъ музей. Апхуэдэу усакIуэм и цIэр фIащащ ар зыщIэса Щхьэлыкъуэ къуажэм и курыт еджапIэми.
  • ТЕКIУЖЬ Заретэ.