ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек  Оперативнэ штабым и зэIущIэ иригъэкIуэкIащ

2021-07-17

  • Коронавирус узыфэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщемыгъэубгъуным хуэгъэпса оперативнэ штабыр бадзэуэгъуэм и 15-м арэзы техъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ санитар дохутыр нэхъыщхьэ Пагуэ Жыраслъэн узым зыщыхъумэным хуэгъэза профилактикэ мардэхэм нэхъ ткIийуэ тетынымрэ вакцинэр Iэмалыншэу зыхалъхьэн хуей цIыхухэм мастэр хаIунымрэ теухуауэ къыхилъхьа жэрдэмхэм.

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ республикэм эпидемиологие щытыкIэр зэрыщекIакIуэр: «Иджыпсту госпиталхэм цIыху 534-рэ щIэлъщ, абыхэм ящыщу 71-м реанимацэхэм щоIэзэ. Узыфэм иубыдхэм я бжыгъэм махуэ къэс хохъуэ, сабийхэри щIалэгъуалэри абы егъэсымаджэ, абыхэми узыр къехьэлъэкIыущ зэ- рапкърыкIыр. Дэ реанимацэхэм гъуэлъыпIэу щIэтым, кислородкIэ зэрагъэбауэ Iэмэпсымэхэр зэшэлIахэм я бжыгъэхэр нэхъыбэ дощI, сымаджэхэр здашэну адрей госпиталхэри я лэжьыгъэм худогъэхьэзыр. Узыфэр зыпкърыхьахэм икъукIэ гугъуущ ар зэращхьэщыкIыр, абы ихьхэри куэд мэхъу».
  • «Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я гъащIэмрэ узыншагъэмрэ хъумэнырщ ди дежкIэ нэхъыщхьэр. Ди щхьэри ди Iыхьлыхэри узыфэм пэIэщIэ зэрытщIын Iэмал нэхъыфI дыдэу нобэкIэ щыIэр вакцинэр зыхегъэлъхьэнырщ икIи ар пIалъэ кIэщIым къриубыдэу зэфIэгъэкIын хуейщ, абыкIэ цIыху нэхъыбэ къызэщIэубыдауэ узыфэм зиубгъуныр къызэтедгъэувыIэн папщIэ», — къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэм.
  • Мастэр Iэмал имыIэу зыхалъхьэн хуейхэм ящыщщ цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэхэр яхуэщIэным, сатум, къэрал, муниципальнэ IуэхущIапIэхэм, транспортым, егъэджэныгъэм, щэнхабзэмрэ узыншагъэр хъумэнымрэ, ЖКХ-м, ухуэныгъэм, туризмэм, цIыхухэм социальнэ я лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжыным пыщIа IэнатIэхэм, IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр.
  • «Роспотребнадзор»-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и сайтым Оперативнэ штабым кърикIуахэм япкъ иткIэ къралъхьащ КъБР-м щыIэ Санитар дохутыр нэхъыщхьэм и унафэр, «Эпидемием епха щытыкIэм ипкъ иткIэ узыфэм ущызыхъумэ мастэхэр цIыху щхьэхуэхэм яхэлъхьэным теухуауэ» жыхуиIэр.
  • «Республикэм эпидемиологие щытыкIэр щыщIагъуэкъым, — итщ дэфтэрым. — ЦIыху зэхуэсыпIэхэм щIэх-щIэхыурэ кIуэ, жылагъуэ транспортыр къэзыгъэсэбэп куэд сымаджэ хъуащ. Сымаджэ хъуахэм я нэхъыбапIэр (процент 71-р) лэжьэфыну ныбжьым итхэрщ — илъэс 18-м къыщыщIэдзауэ 60-м къриубыдэхэрщ. Зи тхьэмбыл узу къахутэхэми сымаджэщхэм ягъэгъуэлъхэми я бжыгъэм кIуэ пэтми хохъуэ».
  • Къагъэлъэгъуа IэнатIэ псоми я Iэтащхьэхэм Унафэм яхуегъэув Урысей Федерацэм щащIу къэбгъэсэбэп хъуну къащта вакцинэм и япэ хэIугъуэр шыщхьэуIум и 10-м и пэ къихуэу, етIуанэ хэлъхьэгъуэр фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу зэфIагъэкIыну. Унафэр ехьэлIакъым коронавирус узыфэм цIыхур щихъумэным хуэгъэпса вакцинэр зыхалъхьэ мыхъуну цIыху щхьэхуэхэм.
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм чэнджэщ иратащ цIыхухэм мастэр яхэлъхьэным хуэунэтIа лэжьыгъэр къызэрагъэпэщыну.