ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Февраль, 2022

ЕхъулIэныгъэщIэхэм я хэкIыпIэ

2022-02-08

  • Егъэджэныгъэ IэнатIэр зэхъуэкIыныгъэхэр, Iуэху зехьэкIэ и лъэныкъуэкIэ щIэ куэд къызыхыхьэ IэнатIэщ. Абы и зыужьыныгъэр дапщэщи щIэтщ къэрал унафэщIхэм я нэIэм, Iуэхур егъэфIэкIуэнымкIэ жэрдэмыщIэхэр халъхьэрэ ахэр гъащIэм хэгъэхьэным гъуэгу ирату, Iэмалхэр къыхузэрагъэпэщу. Мэрем блэкIам КъБР-м и Правительствэм щызэхэта зэIущIэм щытепсэлъыхьащ щIыналъэ егъэджэныгъэм и Iуэхум.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Психоневрологием хуэунэтIа япэ медицинэ IуэхущIапIэ

2022-02-08

  • Дэтхэнэ зы узыфэми и гъэхъужыныр нэхъыбэу зэлъытар ар тэтэму икIи и чэзум къэхутэнымрэ абы хэха бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуэгъуэтынымрэщ. Къэрал сымаджэщхэм къадэкIуэу иджырей зэманым зыужьыныгъэшхуэ игъуэтащ унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм хуэгъэпса щхьэзакъуэ клиникэхэми. Апхуэдэщ Налшык щылажьэ «Центр патологии речи и нейрореабилитации» психоневрологие унэтIыныгъэм ехьэлIа узыфэхэм щеIэзэ медицинэ IуэхущIапIэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ГугъэфIхэр уэзыгъэщI щIэдзэкIэ

2022-02-08

  • Пекин мы махуэхэм щекIуэкI ХХIV ЩIымахуэ Олимп джэгухэм и медалхэм папщIэ зэхьэзэхуэ гуащIэхэр зэхаублащ. Ипэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ Урысейм щыщ атлетхэр пашэхэм яхэтщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт

КIыщыкъуэ куэдым къащхьэщыкIырт

2022-02-08

  • Къущхьэ Сэхьид и унагъуэм къихъуа щIалэ жаныр адэ-анэ зэпIэзэрытым зыхуей хуэзэу япIащ, хабзэ хэлъу ягъэсащ. КIыщыкъуэ и сабиигъуэм еджэным и гур хуабжьу етат, егъэджакIуэм жиIэр псынщIэу къипхъуатэрти, зы илъэсым 1-нэ, 2-нэ классхэр кърагъэухауэ щытащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ГъащIэр ипэкIэ зыгъэкIуатэ

2022-02-08

  • Мы гъэм илъэс 23-рэ мэхъури ди къэралым щагъэлъапIэ Урысей щIэныгъэм и махуэр. Абы теухуа Унафэ щхьэхуэ 1999 гъэм, РАН-р илъэс 275-рэ щрикъум ирихьэлIэу, къыдигъэкIауэ щытащ Урысей Федерацэм и Президентым. Махуэшхуэр гъэлъэпIэныр мазаем и 8-м траухуащ. Илъэс 300-м нэскIэ узэIэбэкIыжмэ, 1724 гъэм и апхуэдэ махуэм урысей пащтыхь Пётр Езанэм Iэ тридзащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академие (РАН) къэралым къызэрыщызэрагъэпэщым теухуа унафэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Илъэс лъапIэхэр

2022-02-08

  • Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр ди республикэм и мызакъуэу, Урысей Федерацэ псом я щIэныгъэ икIи егъэджэныгъэ центр пашэхэм ящыщщ. ЩIэныгъэ-къэхутэныгъэ лъэщхэр щрагъэкIуэкI, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэ щызэфIах IуэхущIапIэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 90, ар зи лъабжьэу къызэIуаха университетыр илъэс 65-рэ ирокъу мы гъэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ТлъэкIыну дызыщымыгугъа гъуэгуанэ

2022-02-08

  • Куэд щIауэ сыщIэхъуэпст Iуащхьэмахуэ и дыгъэмыхъуэ лъэныкъуэу, Балъкъ и тIуащIащхьэхэмкIэ щыIэ «Псыхущхъуэ» зыхужаIэ щIыпIэ телъыджэм сыкъыщыхутэным.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Адыгэ лъагъуэжьхэмкIэ

…Абдежым накъырэ макъ къэIуащ

2022-02-08

  • Дыхуиту пIэрэ ди гъащIэ гъуэгур дэ къыхэтхыжыну, ди насыпыр ди IэкIэ духуэжыну, хьэмэрэ псори ди натIэм итхарэ, зэрыжаIэу, ябзри, ядыжауэ дыкъалъхуу пIэрэ?! Куэдым куэдрэ зэттыжауэ къыщIэкIынщ а упщIэр, ауэ и жэуапыр щхьэж къызэрыгурыIуэм хуэдэщ. ЩыIэщ цIыху, си адэ-анэм сытрагъэуват а гъуэгуми, сытекIыну слъэкIакъым, жиIэу икIи дауэ хъуами, хущIемыгъуэжа. Абыхэм ящыщщ нобэрей адыгэ макъамэм увыпIэ ин щызубыда, накъырапщэ Увыж Анзор. УпщIэ лейкIэ зэран ухуэмыхъуу, абы и гъащIэ гъуэгур къызэриIуатэм ущIэдэIуу ущысыныр хъуэпсэгъуэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Пашэхэм загъэбыдэ

2022-02-08

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм и щIымахуэ чемпионатым и ебланэ джэгугъуэр мы махуэхэм зэхэтащ. Зэхьэзэхуэр мазэм щIигъуауэ екIуэкI пэтми, командэхэм иджыри япэу къыщыхъу Iуэхугъуэхэр къалъыкъуокI.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Адыгэ уэрэдыжьхэр щызэхуэхьэсауэ

2022-02-08

  • Бахъсэн районым къыщыдагъэкIащ адыгэ уэрэдыжьхэр щызэхуэхьэса «Адыгские (черкесские) народные песни» тхылъыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Плъыфэхэм къаIуэтэжхэр

2022-02-08

  • СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейм щагъэлъагъуэ «Плъыфэхэм къаIуэтэжхэр» зыфIаща выставкэр. Абы утыку къыщрахьащ Налшык къалэм ГъуазджэхэмкIэ и сабий школ №1-м и егъэджакIуэ Кусовэ Лианэрэ и гъэсэнхэмрэ я лэжьыгъи 100-м щIигъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЛIыхъужьыгъэмрэ щIыхьымрэ я дерс

2022-02-08

  • Хэкум и ХъумакIуэм и махуэм хуэгъэпсауэ республикэм къыщрахьэжьа мазэ лIыхъужьыгъэ- хэкупсэ лэжьыгъэм хыхьэу Къэхъун курыт еджапIэ №2-м и «Поиск» къэлъыхъуакIуэ-къэхутакIуэ клубым хэтхэм къуажэм щрагъэкIуэкIащ «ЛIыхъужьыгъэмрэ щIыхьымрэ я дерс». Ар траухуащ школым къыщIэкIа, Урысей Федерацэмрэ Европэмрэ я нэхъ бгы лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ 50-м щIигъурэ дэкIа Шыбзыхъуэ Къазбэч.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха