ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'Хъуэхъу'

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. Республикэм и Махуэм теухуа и хъуэхъу

2020-09-01

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
  • Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу Республикэм и МахуэмкIэ!
  • ЛIэщIыгъуэ нэблагъэкIэ узэIэбэкIыж-мэ, Урысей Федерацэм хэту ди лъэпкъхэм къэралыгъуэ ягъуэтащ. Ар мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэ Iуэхуу хыхьащ ди тхыдэм, абы ди цIыхухэм я псэукIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зыкъызэригъэзэнум, IэмалыщIэ дыдэхэр къытхузэIузых иджырей Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрыунэхум и дамыгъэ хъуащ, ди лъэпкъхэм заужьынымкIэ — я анэдэлъхубзэхэр, хабзэхэр, зыми емыщхь я зэхэтыкIэхэр яхъумэжынымкIэ, езыхэм хабзэубзыху лэжьыгъэ ирагъэкIуэкIынымкIэ, политикэ, экономикэ, щэнхабзэ IэнатIэхэм я унафэ хуиту ящIыжынымкIэ — IэмалыщIэхэр къахузэIуихащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. Къурмэн хьид махуэ лъапIэмкIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур

2020-07-30

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым ис муслъымэнхэм си гум къыбгъэдэкIыу сохъуэхъу Къурмэн хьид махуэ лъапIэмкIэ!
  • Ар ислъам диным и махуэ нэхъ лъапIэхэм икIи пщIэ зыхуащIхэм ящыщщ, гумащIагъэм, пщIэ зэхуэщIыным, гущIэгъум я дамыгъэщ, мамырыгъэм и лъапIагъыр, хьэлэлыгъэр и лъабжьэщ, цIыхухэр фIы щIэным хуегъэуш.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Уи дуней  тетыкIэм  дропагэ

2020-07-21

  • Мы хъуэхъур зыхуэгъэзар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академием и студенткэ пажэхэм хабжэ, гъэсэныгъэ дахэ зыхэлъ адыгэ пщащэ Щоджэн Ланэ Артур и пхъурщ. Абы и ныбжьыр илъэс 20 ирокъу мы махуэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Хэкупсэ  нэс  Абеикъуэ  Шухьэиб

2020-06-27

  • Адыгэ лъэпкъым и нэхъыжьыфIхэм ящыщ, Бахъсэн къалэм щыпсэу Абеикъуэ Шухьэиб Мизан и къуэм и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 84-рэ ирикъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

2020-05-28

  • Адыгэ Хэку, Мейкъуапэ къалэ, Адыгэ Хэкум и ТхакІуэхэм
  • я зэгухьэныгъэ, МэшбащІэ Исхьэкъ Шумахуэ и къуэм деж
  • ПщІэ зыхуэсщІ Исхьэкъ Шумахуэ и къуэ!
  • Гурэ псэкІэ нобэрей уи махуэ лъапIэмкІэ сынохъуэхъу!
  • Догушхуэ фэркІэ, нэхъыжьыфІхэмкІэ, зи лІыгъэрэ гуащІэкІэ сыт щыгъуи щапхъэ хъухэмкІэ! Фэ нэгъэсауэ фылІыхъужьщ, фыухуакІуэщ, фыкъызэгъэпэщакІуэщ. Гугъуехьым зыпыІувдзакъым икІи фыпикІуэтакъым, сыт щыгъуи фІэщхъуныгъэ фхэлът, фи къаруми къихьынури фщІэуэ, фи ныбжьэгъухэм яхузэфІэкІынуми фи дзыхь телът. Пэжу Хэкум фыбгъэдэтащ!
  • Узыншагъэ быдэрэ фІым и фІыжкІэ сыпхуохъуахъуэ!
  • Урысей Федерацэм и Президент ПУТИН  Владимир.
  • Москва, 2020 гъэ,
  • накъыгъэм и 27

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

2020-05-28

  • ПщIэ зыхуащI Исхьэкъ Шумахуэ и къуэ!
  • Си гуапэу сынохъуэхъу уи гъащIэм мыхьэнэшхуэ зиIэ и лъэхъэнэмкIэ — укъызэралъхурэ илъэс бгъущI зэрырикъумкIэ. Уэ уи гъащIэр и щапхъэщ къызыхэкIа лъэпкъым, ди Хэкум зэрыхуэпэжымрэ усыгъэм псэемыблэжу зэрыхуэлажьэмрэ. Уи творческэ IуэхущIафэхэр сыт щыгъуи хуэунэтIауэ щытщ зы мурадым — цIыхур фIыуэ лъагъуным, гуапагъэмрэ захуагъэмрэ ехьэлIа гупысэхэр пхыгъэкIыным. Философие купщIэ куурэ тхыдэм и пэжыр къэлъыхъуэнымкIэ гъэнщIа уи тхыгъэхэр хыхьащ лъэпкъ куэду зэхэт ди къэралым и литературэм и фIыпIэм, уи цIэр хуэфащэу нобэ яхэтщ Урысейм и усакIуэ, тхакIуэ телъыджэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Тхьэм и нэфІыр къыпщыхуэ!

2020-05-28

  • Уи ныбжьыр илъэс 90 зэрырикъумкІэ гурэ псэкІэ сынохъуэхъу! Нобэрей махуэщІыр Адыгэ Хэкум и жылагъуэ гъащІэм и мызакъуэу, зэры-Урысейуи я махуэщ. Зэрыадыгэ дунейуэ укъызэращІэр и лъэпкъ, и Іуэху хуэпэж, гурэ псэкІэ хуэщыпкъэ цІыху нэсущ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

УримыинынкIэ  Iэмал  иIэкъым

2020-05-28

  • Нобэ и ныбжьыр илъэс 90 зэрырикъур егъэлъапІэ Адыгейм, КъБР-м, КъШР-м я цІыхубэ тхакІуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛІыхъужь МэшбащІэ Исхьэкъ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ  Казбек  Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ  я махуэшхуэмкIэ зэрехъуэхъур

2020-04-30

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым пщIэ зыхуащI и цIыхухэ!
  • Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу!
  • Псоми ди зэхуэдэу икIи республикэм щыпсэу дэтхэнэми фIыуэ илъагъуу мы махуэшхуэр хуэфащэу къалъытэ. Мамырыгъэмрэ гуащIэдэкIымрэ ар и нэщэнэщ, узэщIыныгъэмрэ зэIузэпэщыныгъэмрэ, гъащIэмрэ гугъэ нэхухэмрэ абы уахешэ, тхыдэмрэ нобэмрэ зэпещIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

2020-04-30

  • ЩоджэнцIыкIу Нинэ Iэдэм и пхъум балигъ зэрыхъурэ дунейпсо литературэр едж. Абы теухуа- уэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щригъэкIуэкI лекцэ купщIафIэхэм етхьэкъу студенхэри ахэр зыфIэхьэлэмэту едэIуэну къекIуалIэ псори.
  • Нобэ ЩоджэнцIыкIу Нинэ къыщалъхуа махуэр егъэлъапIэ. Пушкиным и цIэр зезыхьэ курыт еджа- пIэ №8-р, Прохладнэ дэт ГъуазджэхэмкIэ сабий еджапIэр, Бахъсэн къалэ щыIэ КIуэкIуэм и цIэр зезыхьэ школ №8-р, Котляровхэ я тхылъ тедзапIэр абы я гуапэу йохъуэхъу зэIузэпэщыныгъэ, насып, узыншагъэ иIэну, и тхылъхэм я гъуэгур кIыхь хъуну икIи абыхэм къыщыхьа гупсысэхэм цIыхухэм я деж хуэфэщэн пщIэ лъагэ щагъуэтыну.

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

ЩIыпIэ самоуправленэм и махуэм ехьэлIауэ  Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу

2020-04-21

  • ПщIэ зыхуэсщI си лэжьэгъухэ!
  • Мэлыжьыхьым и 21-м ЩIыпIэ самоуправленэм и махуэр ягъэлъапIэ. Абы ипкъ иткIэ а махуэ лъапIэмкIэ сынывохъуэхъу!
  • ЩIыпIэ самоуправленэр Урысей Федерацэм и Конституцэ ухуэкIэм и лъабжьэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэр зэфIэхыным ехьэлIауэ. Муниципальнэ щIыналъэхэм щызэфIагъэкI цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным, къуажэхэм я щыIэкIэр къызэгъэпэщыным, жылэдэсхэм Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэным епха къалэнхэр. Апхуэдэ Iуэхугъуэхэр зэгъэзэхуа хъун папщIэ щIыналъэ лэжьакIуэхэм Iэзагъ лъагэрэ жэуаплыныгъэ инрэ яхэлъын хуейщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIыжыныгъэм и махуэм теухуа и хъуэхъу

2020-03-28

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
  • Гъэ къэс гъатхэпэм и 28-м дэ догъэлъапIэ гуфIэгъуэ пIалъэ хьэлэмэтыр — Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэр. Тхыдэм и пэжымрэ захуагъэмрэ зэ­те­гъэувэжыным, Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм, зэ­ныб­жьэгъугъэм, зэкъуэшыгъэм и фIыгъуэ мыкIуэдыжым я дамыгъэу щыт а гуфIэ­гъуэ махуэшхуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. Урысей Федерацэм и Конституцэм и махуэм теухуа и хъуэхъу

2019-12-12

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
  • Си гуапэу сынывохъуэхъу Урысей Федерацэм и Конституцэм и махуэмкIэ!
  • Урысей правовой системэм и лъагапIэу, ди къэралым и суверенитетыр, абы и политикэ, экономикэ, социальнэ зыужьыныгъэр хъумэнымкIэ лъабжьэ быдэу Конституцэр уващ. Закон Нэхъыщхьэм фIыгъуэ мылъытэу игъэуващ цIыхур, абы и хуитыныгъэхэмрэ щхьэхуитыныгъэхэмрэ. А конституцэ хабзэм зэрытетым и щыхьэту иджыпсту къэралым пыухыкIауэ къигъэлъэгъуащ цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэныр езым и къалэн нэхъыщхьэ дыдэу къызэрилъытэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

ЦIыхубэм  сэбэп яхуэхъуныр  зи  гъащIэ  гъуазэ

2019-12-07

  • ЩыIэщ цIыху, ар нэгъуэщIхэм къебгъэцIыхун щхьэкIэ псалъэ лей ущыхуэмыныкъуэ. Апхуэдэр цIэрыIуэ мэхъу езым игъэлъэгъуа щапхъэкIэ, и IуэхущIафэ дахэкIэ, и дуней тетыкIэ екIукIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Зи Iулыджыр лъагэ Ефэнды Джылахъстэн

2019-11-16

  • Къэрал, политикэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Ефэнды Джылахъстэн и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 95-рэ ирокъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

« Раньше