ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'Абы дегъэпIейтей'

Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор ЛУКАШЕВ Александр: Вирусыр хуабэм щошынэ

2020-03-31

  • Ди  дежкIэ   иджыпсту  нэхъыщхьэр   гъэмахуэ  пщIондэ  абы  зедмыгъэубыдынырщ
  • ВирусыщIэм дуней псор бэлыхь хидзащ: COVID-2019 зыфIаща а узыфэ зэрыцIалэр къэралищэм щIигъум нэсащ. Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм къигъэуващ пандемием и хабзэхэм псори тетын хуейуэ. Къэралхэм я гъунапкъэхэр зэхуащI, цIыху кърихьэлIэу зэхашэу щыта дауэдапщэхэр ирагъэкIуэкIыу ядэркъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Абы дегъэпIейтей

2020-02-22

  • УФ-м и лIыкIуэу Тыркум щыIэ Ерхов Алексей  
  • адыгэхэм зэрытепсэлъыхьар
  • Мазаем и 13-м Абхъаз Республикэм и «Спутник» агентствэм УФ-м и лIыкIуэу Тырку Республикэм щыIэ Ерхов Алексей Урысеймрэ Тыркумрэ зэрызэбгъэдэт щIыкIэм тепсэлъыхь пэтрэ, адыгэхэм ятеухуауэ псалъэ зыбжанэ жиIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Абы дегъэпIейтей

«Налшык» зыгъэпсэхупIэм зегъэужьыным и хэкIыпIэхэр

2019-12-21

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъэгъазэм и 19-м Правительствэм и Унэм щригъэкIуэкIащ «Налшык» зыгъэпсэхупIэм зегъэужьыным теухуа зэIущIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Абы дегъэпIейтей

Iуащхьэмахуэ  телъ  мылыр  мэткIу

2019-11-30

  • «Европэм нэхъ лъагэ дыдэу щыIэ Iуащхьэм илъэс къэс фIокIуэд мылым и зы процент», — жеIэ КъБР-м и ВГИ-м и унафэщI Беккиев Мухътар. ЩIэныгъэхэмкIэ урысей академием географиемкIэ и институтым къызэритымкIэ, 1997 гъэм къыщыщIэдзауэ 2017 гъэ пщIондэ Iуащхьэмахуэ телъ мылым и процент 20-р ткIуащ. Ар цIыхум къыхуэмыгъэувыIэн Iуэхугъуэщ икIи 2050 гъэхэм ирихьэлIэу Iуащхьэмахуэ зыгъэдахэ мылым и зэхуэдитIыр къэвыну хуагъэфащэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Абы дегъэпIейтей

«Ажалыр щащэр  къыджеIэ!»

2019-11-29

  •  «Ажалыр щащэр къыджеIэ!» урысейпсо Iуэхум, IэнатIэ зэхуэмыдэхэм зэдрагъэкIуэкI «Урысейм и сабийхэр-2019» лэжьыгъэм и етIуанэ Iыхьэхэм хиубыдэу, республикэ МВД-м и лэжьакIуэхэр яхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр сату-технологие колледжым щеджэхэм. «СтIол хъурей» зэIущIэм щытепсэлъы-хьащ афияным зэраныгъэу къишэм, балигъ мыхъуахэр хабзэм ебэкъуэныр, ахэр щIэпхъаджагъэхэм хашэныр къэмыгъэхъуным ехьэлIауэ ящIапхъэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Абы дегъэпIейтей

Анэдэлъхубзэхэр джынымрэ  къэрал унафэмрэ

2019-10-24

  • Адыгэбзэр егъэджыным теухуауэ къекIуэкI лъэпощхьэпохэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ иджыблагъэ Налшык щекIуэкIащ. Граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, властымрэ егъэджэныгъэ IэнатIэмрэ я лIыкIуэхэр зыхэта зэхуэсыр теухуат 2018 гъэм Федеральнэ законым анэдэлъхубзэхэм егъэщIылIауэ Къэрал Думэм хилъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Абы дегъэпIейтей

Псыр  зэраубыдам  зэраныгъэ  къешэ

2019-08-20

  • «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм иджыблагъэ къэпсэлъащ Старэ Шэрэдж къуажэм дэс бэджэндырылажьэ щIалэ Жылэ Суфян, езым хуэ-дэу адрейхэри зытелэжьыхь щIым щIагъэлъадэ псыр зэрамыгъуэтыжым къыхэкIыу. Iуэхум и пэжыпIэр зэхэгъэкIын мурадыр диIэу, дэ дыкIуащ   а къуажэм ипщэ-къухьэ-пIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ   и губгъуэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Абы дегъэпIейтей

Зыми и гугъу пщIыжыркъым

2019-08-08

  • ЦIыхухэр псэуныгъэкIэ зэщхьэщыкIыу щытащ сыт щыгъуи. Хэбгъэзыхьмэ, совет лъэхъэнэми. Ауэ ар куу мыхъуным властхэр апхуэдизу ткIийуэ кIэлъыплъырти, уеблэмэ гу лъыптэххэртэкъым къулейхэм мылъку нэхъыбэ зэраIэм. Нэхъ жыджэру, IэкIуэлъакIуэу лажьэхэм хэхъуэ нэхъыбэ яIэрыхьэрт, зи Iуэху нэхъ дэмыкIхэр псэукIэмыщIэу, хуэмыхуу къалъытэрт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Абы дегъэпIейтей

Гъуэгухэр зэрагъэпэщыж

2019-07-30

  • Старэ Шэрэджымрэ Котляревскэмрэ якудэлъ гъуэгур зэрагъэпэщыж.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Абы дегъэпIейтей

ЖьэрыIуатэбзэм и  къарур щIокI

2019-07-09

  • ПщIэ зыхуэсщIу мы тхыгъэм еджэну мурад зыщIа си ныбжьэгъу, цIыхубэр къэзыцIэла узыфэу нобэ сызытетхыхьынур уэр дыдэм къоузми пщIэркъым! Сыт хуэдэ цIыхуми фIэфIынукъым ар мыузыншэу къыщIебгъэдзмэ, ауэ дэтхэнэми зыхуэсакъыжыныр и къалэнщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Абы дегъэпIейтей

ЦIыхухэр зытегузэвыхь Iуэху хьэлъэхэм ящыщ зы

2019-03-21

  • Наркотикхэр хабзэм къемызэгъыу зэрызэблагъэкIым щытепсэлъыхьащ КъБР-м Наркотикхэм япэщIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Абы дегъэпIейтей

ХьэтIохъущыкъуей жыг хадэр дывгъэхъумэ!

2018-12-20

  • ЩэкIуэгъуэм и 25-м «Кабардино-Балкарская правда» газетым къытехуащ ХьэтIохъущыкъуей жыг хадэм теухуауэ Битиров Эдуард и тхыгъэ. Ар, дауи, куэдым ягу дыхьащ. Иджы абы къыподжэж КъБР-м и Парламентым и депутат, биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Щхьэгъэпсо Сэфарбий.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Абы дегъэпIейтей

Жыхьэнмэм хуэкIуэ гъуэгу, е Сыт дэ ипэжыпIэкIэ къытщыщIыр?

2018-11-15

  • Керчь иджыблагъэ къыщыхъуар уи акъылым къыпхуигъэтIасэркъым — «и егъэджакIуэ бзаджэхэм» яхуиIэ гужьгъэжьым (колледжым щIэсхэм ящыщ зым зэрыжиIамкIэ) къызэщIегъаплъэри, щIалэм мурад бзаджэ и гум ирелъхьэ: и ныбжь нэхъыбэ, Iэмал зэриIэкIэ, иукIын. ЯпэщIыкIэ абы хуит зыкърегъэщI Iэщэ зэри-хьэну, адэкIэ езым зэхелъхьэ къагъауэ пкъыгъуэхэр икIи, икIэм-икIэжым, гууз-лыуз имыIэу зэтреукIэ илъэс бжыгъэкIэ зыдеджахэр, езым къыбгъурысу аудиториехэм щIэсахэр, и ныбжьэгъуу къимылъытэу щыта- ми, и нэIуасэ цIыхухэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Абы дегъэпIейтей

ЩымыIэ  къэгупсысын  хуейкъым

2018-09-06

  • Бахъсэн къалэ администрацэм и спорткомитетым и лэжьыгъэр зыхуэдар къыщапщыта зэIущIэ иджыблагъэ екIуэкIащ. АбыкIэ хъыбар къыдигъэщIащ администрацэм и пресс-IэнатIэм и лэжьакIуэ Балъ къыз Iэминэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Абы дегъэпIейтей

Бзэр тIэщIэкIмэ, дылъэпкъкъым

2018-08-30

  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм зэхиубла щIэныгъэ зэхуэс Налшык щекIуэкIащ
  • Ди газетым зэрытетащи, иджыблагъэ Налшык щызэхэтащ адыгэбзэр хъумэным, зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр къызэщIэзыубыда щIэныгъэ конференц. Зэхуэсым кърихьэлIат КъБР-м, АР-м, КъШР-м я щIэныгъэрылажьэхэр, а хэгъэгухэм я Адыгэ Хасэхэм я лIыкIуэ- хэр, ди республикэм и щIыналъэ-хэм егъэджэныгъэмкIэ я управленэхэм я методистхэр, школхэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэджу цIыху 240-м нэс.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Абы дегъэпIейтей

« Раньше