ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'ДАХ'

2018-10-04

  •  Дунейпсо Адыгэ Хасэм и
  • тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий
  • Хьэзрит и къуэр
  • Аруан щIыналъэм хыхьэ Старэ Шэрэдж (Дохъущыкъуей) къуажэм 1951 гъэм накъыгъэм и 27-м къыщалъхуащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр, ВИГИС-м и аспирантурэр (Москва) къиухащ. Ар ветеринар щIэныгъэхэм я кандидатщ, экономикэ щIэныгъэхэм я докторщ, профессорщ, ЩIДАА-м и академикщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДАХ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ХII Конгрессым хэтахэм абхъаз лъэпкъым зэрызыхуагъазэ

2018-09-29

  • ПщIэ зыхуэтщI ди абхъаз къуэшхэ, шыпхъухэ!
  • Абхъаз лъэпкъым и Хэку за- уэм ТекIуэныгъэ къызэрыщихьрэ илъэс 25-рэ зэрырикъур — Абхъазым и тхыдэм мыхьэнэшхуэ щы- зиIэ махуэшхуэр — къоблагъэ. Абхъаз Республикэ щхьэхуитым и гуфIэгъуэ нэхъыщхьэу щытщ и ТекIуэныгъэм и махуэр. Дэ зэи тщыгъупщэнукъым абхъаз лъэпкъым и ТекIуэныгъэр, бэлыхьышхуэхэр къыщIызэранэкIар, цIыху куэд зыхэкIуэдар икIи хэщIыныгъэшхуэхэр къахуэзыхьар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДАХ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм  и  джэпсалъэ

2018-07-14

  • Урысей Федерацэм и Президент
  • ПУТИН Владимир
  • Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым
  • ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщI
  • МАТВИЕНКЭ Валентинэ
  • Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым
  • и Къэрал Думэм и УнафэщI
  • ВОЛОДИН Вячеслав
  • Урысей Федерацэм и
  • Правительствэм и УнафэщI
  • МЕДВЕДЕВ Дмитрий сымэ я деж
  • Анэдэлъхубзэр хъумэныр, абыкIэ щIэныгъэ зэгъэгъуэтыныр цIыху хьэкъхэр къэзыгъэгъунэ лъапIэныгъэхэм ящыщу дуней псом къызэдалъытащ. Лъэпкъыбзэхэр къэзыхъумэ хабзэхэр иIэщ Урысейми. Урысей Федерацэм и Конституцэм къызэрыхэщымкIэ, абы хыхьэ щIыналъэхэр хуитщ езыхэм я бзэхэр къэра-лыбзэу къалъытэну, а бзэхэмкIэ егъэджэныгъэр къызэрагъэпэщыну (68-нэ едзыгъуэ).

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДАХ

Ди  лъэпкъэгъу студентхэм адыгэбзэ  ирагъэдж

2018-06-05

  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ КъБКъУ-м и унафэщI Алътуд Юрийрэ я зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, университетым щеджэ адыгэ хэхэс щIалэгъуалэм анэдэлъхубзэр яджыну хуитыныгъэ яIэ хъуащ. Адыгэбзэр зыджыну гупыж зыщI студентхэм ядолажьэ бзэ щIэныгъэхэм я кандидат, Хамэ къэрал къикIа студентхэм ядэлажьэ институтым и егъэджакIуэ Тэнащ Тамарэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДАХ

ШыIэныгъэмрэ лъэпкъ зэгурыIуэныгъэмрэ

2018-03-15

  • Гъатхэпэм и 1-3 махуэхэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм иригъэкIуэкIащ цIыхухэмрэ жылагъуэ диплома- тиер дэзыIыгъ зэгухьэныгъэхэмрэ я къарукIэ лъэпкъ куэду зэхэс Урысей къэралыгъуэр зэфIэгъэувэным теухуа щIэныгъэ-практикэ конференц. Ар Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир и цIэкIэ щыIэ гран-ту ДАХ-м къратам щыщ- кIэ къызэрагъэпэщащ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДАХ

Лъэпкъыр зыгъэпIейтей Iуэхухэм топсэлъыхь

2017-10-04

  • Иджыблагъэ Налшык къалэ щекIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я зи чэзу зэIущIэ. Абы хэтащ Тыркум, Иорданием, Сирием, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Ставрополь, Краснодар крайхэм щыIэ Хасэ къудамэхэм я лIыкIуэхэр.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДАХ

Лъэпкъым къыпэщыт зи чэзу Iуэхухэм щытопсэлъыхь

2017-09-20

  •  Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм и зи чэзу илъэс зэIущIэр дыгъуасэ Налшык къалэ щекIуэкIащ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДАХ

Зи Хэку къэзыгъэзэжахэм я махуэр ягъэлъапIэ

2017-08-02

  • Зи Хэку къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэм ирихьэлIэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къекIуэлIэжауэ щыпсэу нэхъыжьхэм яIущIащ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДАХ

Зэдэлэжьэн, зэдэIэпыкъун – аращ лъэпкъыр къазэрыщыгугъыр

2017-07-19

  • Ди газетым зэрытетащи, Налшык къалэ щызэхэтащ ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэIущIэ. Абы кърихьэлIащ Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Европэм щыIэ, Краснодар, Ставрополь, Осетие Ищхъэрэ — Алание, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэхэм щылажьэ хасэхэмя тхьэмадэхэмрэ Гъэзэ-щIакIуэ гупым хэтхэмрэ. ЗэIущIэм кърихьэлIат КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Ахъуэхъу Таймураз, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI КIурашын Андзор, ДАХ-м и Нэхъыжьхэм я Советым и тхьэмадэ, тхакIуэ цIэрыIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ, ДАХ-м и Къэзыпщытэ гупым хэтхэр.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДАХ

«Адыгэ лъэпкъыр зэшэлIэжыным, хэхэс адыгэхэр адэжь хэкум зэрыпыщIам зегъэубгъуным елэжь Дунейпсо Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я союзым и У С Т А В

2017-07-01

  • 1991 гъэм накъыгъэм и 25-м КъызэгъэпэщакIуэ
  • Конгрессым къищтащ
  • 1993 гъэм бадзэуэгъуэм и 20 — 25-хэм II Конгрессым
  • Уставым халъхьэжа зэхъуэкIыныгъэхэмрэ
  • дэщIыгъужыныгъэхэмрэ къищтащ
  • 1996 гъэм бадзэуэгъуэм и 24 — 26-хэм III Конгрессым
  • щIэуэ зыхэплъэжа Уставыр къищтащ
  • 1998 гъэм мэкъуауэгъуэм и 25 — 27-хэм IV Конгрессым
  • Уставым халъхьэжа зэхъуэкIыныгъэхэмрэ
  • дэщIыгъужыныгъэхэмрэ къищтащ
  • 2016 гъэм фокIадэм и 19-м ДАХ-м и зи мычэзу XI Конгрессым
  • щIэуэ зыхэплъэжа Уставыр къищтащ
  • 1. ПсорикъызэщIэзыубыдэ Iуэхухэр
  • 1.1. «Адыгэ лъэпкъыр зэшэлIэжыным, хэхэс адыгэхэр адэжь хэкум зэрыпыщIам зегъэубгъуным елэжь Дунейпсо Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я союзыр, адэкIэ «Организацэ» цIэр зиIэу къакIуэр, а Организацэм хэтхэм я зэхуэдэ мурадхэр пхыгъэкIыным, псоми къапэщыт Iуэхухэмрэ мы Уставым къыщыгъэува къалэнхэмрэ гъэзэщIэным зэгъэуIуауэ телажьэ IэнатIэщ.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДАХ

КАФФЕД-м (Тырку) и Советым хэтхэмрэ ДАХ-м (Урысей, КъБР) и лIыкIуэхэмрэ я зэпсэлъэныгъэм кърикIуа меморандум

2017-06-16

  • Анкара къалэ                                                                      2017 гъэ, мазаем и 26
  • КърихьэлIахэр:
  • КАФФЕД-м и Советым хэтхэр:                                            ДАХ-м и лIыкIуэхэр:
  • 1. Асланкая Яшар                                                                 1. Сэхъурокъуэ Хьэутий
  • 2. Бурсэ Реджами                                                                 2. Дзэмыхь Къасболэт
  • 3. Динчер Умит                                                                       3. МэшбащIэ Исхьэкъ
  • 4. Мэчэр Ведат                                                                       4. Къуэдзокъуэ Анатолэ
  • 5. Таймаз Эрол                                                                       5. Нартокъуэ Станислав
  • 6. Джандан Ахъмэт
  •  
  • ЗэIущIэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэмрэ КАФФЕД-м хыхьэ хасэхэм  я лIыкIуэхэмрэ я зэдэлэжьэкIэр яубзыхунырщ.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДАХ

ДызыхуэкIуэ зэманым фIыкIэ дыхуэвгъэлажьэ

2017-05-20

  • Мы гъэм накъыгъэм и 21-м илъэси 153-рэ ирокъу адыгэ лъэпкъым и лIакъуэ зыбжанэ къызэщIэзыубыда, игъащIэкIэ мыгъущыжын дыркъуэрэ гуауэшхуэрэ къытхуэзыхьа Кавказ зауэр зэриухрэ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДАХ

Белавенцев Олег Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий хуэзащ

2017-04-06

  • Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Белавенцев Олег езым и IуэхущIапIэу Пятигорск къалэм дэтым щыхуэзащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДАХ

Хэкужьырщ зыщыгугъхэр

2017-03-31

  • Дунейпсо  Адыгэ  Хасэ
  • Ди газетым зэрытетащи, гъатхэпэм и 25-м Налшык къа-лэ щекIуэкIащ ДАХ-м и Хасащхьэмрэ ГъэзэщIакIуэ гупымрэ я зи чэзу зэIущIэ. Абы кърихьэлIащ Сирием, Иорданием, Израилым, Европэм щыIэ Хасэхэм, Краснодар, Ставрополь, Осетие Ищхъэрэ — Алание, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэхэм щылажьэ Хасэхэм я тхьэмадэхэмрэ ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэмрэ. Апхуэдэу зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, Администрацэм ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и Iэтащхьэ Къуэжей Артём, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI КIурашын Анзор, ДАХ-р къызэгъэпэщыным жэрдэмщIакIуэ хуэхъуа, зэгухьэныгъэм и Нэхъыжьхэм я Советым хэт, Голландием къикIа Хьэткъуэ Фатхьи, УФ-м щыпсэу Адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием   и тхьэмадэ Уэхъутэ Александр, ДАХ-м президенту щыта Ажахъуэ Къанщобий, ДАХ-м и Къэзыпщытэ гупыр.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДАХ

Лъэпкъхэм я зэхущытыкIэр ефIэкIуэн папщIэ

2017-03-25

  • Дыгъуасэ Налшык къалэ щекIуэкIащ «Лъэпкъ, щэнхабзэ зэхущытыкIэхэр ефIэкIуэным теухуауэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я мыхьэнэр» етIуанэ щIэныгъэ-практикэ конференц. Ар Дунейпсо Адыгэ Хасэм къызэригъэпэщащ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДАХ

« Раньше