Австралием и къалэ нэхъ инхэм икIи нэхъ дахэхэм ящыщщ Перт, апхуэдэуи КъухьэпIэ Австралие штатым и щыхьэрщ. Индие хым и Iуфэм Iус ар 1829 гъэм къызэрагъэпэщауэ щытащ. Мы зэманым Перт дэсщ цIыху мелуанитIым щIигъу. Ущыпсэун папщIэ нэхъ тыншыгъуэхэр здэщыIэ къалэхэм я деж абы дунейм ебгъуанэ увыпIэр щиIыгъщ.
2021-10-22