Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм, тылым щылэжьахэм, республикэм ис псоми дохъуэхъу!
2019-05-08
- Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм (пенсионерхэм) я Къэбэрдей-Балъкъэр республикэ Советым и цIэкIэ ди гуапэу дынывохъуэхъу Хэку зауэшхуэм къыщытхьа ТекIуэныгъэр илъэс 74-рэ зэрырикъумкIэ.
- Хэхауэ фIыщIэ псалъэхэр яхудогъазэ фронтым Iутахэм, псэзэпылъхьэпIэм ихуахэм, я къаруми я гъащIэми емыблэжу фашистхэм япэщIэтахэм икIи ТекIуэныгъэр Иныр къытхуэзыхьахэм.
- ХъуэхъукIэ захудогъазэ фронтым пэлъыта лэжьыгъэ IэнатIэхэр езыхьэкIахэм, кхъухьлъатэхэр, кхъухьхэр, техникэ, Iэщэ къыщIагъэкIыу, фронтым папщIэ ерыскъымрэ щыгъынхэмрэ ягъэхьэзыру, жэщ-махуэ ямыIэу тылым щылэжьахэм. Зауэм хэкIуэдахэм, фронтым Iутахэм ящыщу иужькIэ дунейм ехыжахэм я щхьэгъусэхэу пщIэ зыхуэтщIхэ, хэкIуэдахэм я бынхэ, фи щхьэгъусэхэм, фи адэхэм я лIыгъэм дрогушхуэ икIи ахэр дэ зэи дигу ихункъым.
- Республикэм и цIыхухэу пщIэ зыхуэтщIхэ, нобэ дэ псори дызэкъуегъэувэ совет цIыхубэм зэрахьа лIыгъэ иным икIи дэ зыми яхуэддэнкъым ди сэлэтхэмрэ офицерхэмрэ я лIыгъэр зыгъэмэщIэну хущIэкъухэм икIи ТекIуэныгъэ Иныр пцIыкIэ зыгъэулъиину яужь итхэм.
- Иджыпсту къыдэкIуэтей щIэблэм захудогъазэ я адэшхуэхэмрэ абыхэм я адэжхэмрэ я лIыхъужьыгъэр зыщамыгъэгъупщэу, нэхъыжьхэм я фэеплъым хуэфащэу псэуну къыхуедджэу.
- Узыншагъэ, гуфIэгъуэ, жыджэрагъ, унагъуэ насып, мамырыгъэ, зэпIэзэрытыныгъэ фиIэну икIи дыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэпымыууэ ефIэкIуэну ди гуапэу дынывохъуэхъу.