Къэжэр Хьэмид ХьэтIутIэ и къуэр
2019-01-10
- Лъэпкъ литературэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ. И ныбжьыр илъэс 81-м иту щIышылэм и 7-м дунейм ехыжащ тхакIуэ, литературэ критик, егъэджакIуэ Iэзэ, егъэлеяуэ цIыху гуапэ Къэжэр Хьэмид ХьэтIутIэ и къуэр.
Хьэмид 1938 гъэм Бахъсэн районым хыхьэ Ислъэмей къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэ нэужьым ар 1957 гъэм щIэтIысхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. ЕхъулIэныгъэкIэ еджапIэ нэхъыщхьэр къиухри, 1962 — 1965 гъэхэм адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ кафедрэм и аспирантурэм щеджащ. Куэд дэмыкIыуи, 1967 гъэм, и лэжьыгъэр пхигъэкIауэ щытащ, бзэщIэныгъэхэмкIэ кандидат цIэри къыфIащащ.
- Къэжэр Хьэмид зэрыстудент лъандэрэ литературэм дихьэхырт, республикэм щекIуэкI литературнэ Iуэхухэм хэтт, газетхэмрэ журналхэмрэ тхэрт, жылагъуэ лэжьыгъэми жыджэру хэтт.
- 1967 гъэм и фокIадэ мазэм урысыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэу Къэжэрым лэжьэн щыщIидзат Зеикъуэ дэт етIуанэ школым. Абы мазэ зыщыплI нэхъ щымыIауэ, ар ирагъэблэгъащ КъБКъУ-м и филологие факультетым урыс литературэмрэ нэгъуэщI къэрал литературэмкIэ и кафедрэм. 1977 гъэм щегъэжьауэ нэгъуэщI къэрал литературэмкIэ кафедрэм щылэжьащ, и доценту щытащ. Илъэс 36-м щIигъукIэ а кафедрэм щыIащ Хьэмид, къыдэлажьэхэми иригъаджэхэми пщIэшхуэ къыхуащIу.
- Къэжэр Хьэмид литературэм къыхыхьауэ жыпIэ хъунущ етIуанэ курсым щыщIэса илъэсхэм къыщыщIэдзауэ. Абы и япэ художественнэ тхыгъэ кIэщIыр, «Псалъэрэ Iуэхурэ» зыфIищар, 1959 гъэм «Ленин гъуэгу» газетым къытехуащ. 1962 гъэм и япэ критикэ тхыгъэр «Iуащхьэмахуэ» журналым къытехуауэ щытащ. Критикэ лэжьыгъэ мы- тыншым, фIыщIэншэм зезыпщытыфа закъуэтIакъуэм ящыщщ Къэжэрыр. Абы и критикэр узыншэщ, и псалъэхэм тхакIуэр яужьыгуркъым, и гур къимыхьэжыну ираудыркъым, гъуэгугъэлъагъуэ яхуохъу армыхъу.
- Абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ лъэпкъ литературэм увыпIэ щхьэхуэ щызыубыд тхылъ зыбжанэ. Апхуэдэщ: «Гъуэгум и бгъуагъ», «Усищэрэ зырэ», «Гъатхэпежьэ», «Гъатхэм и гъэ», «Нобэ», «Иджыпсту» усэ тхылъхэмрэ литературэ портретхэр зэрыт «Уэрэд щIаусыр» лэжьыгъэмрэ. А и IэдакъэщIэкI купщIафIэхэм я щыхьэту, Къэжэрыр 1991 гъэм УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьат.
- Щхьэхуэу и гугъу пщIыну къалэжь тхакIуэм и балладэхэм («Налкъут щхъуантIафэр», «ГъэунэхупIэр», «Псалъэ зеиншэхэр», «ЩIегъуэжар», «Медан лъапIэ», н.). Абыхэм наIуэу къахощ езым и усэкIэр куэдкIэ зэрыпыщIар зэрыригъаджэу щыта европей литературэм. Хьэмид и балладэхэр классикэр тепщэу щыщыта лъэхъэнэм абы жанр гъэнахуэу иIахэм тету зэхэлъхьащ, бзэ гъэхуа шэрыуэкIэ тхащ, идеекIэ пэжыгъэм, лIыгъэм, хабзэ дахэ зехьэным хуэузэдащ.
- Сыт хуэдэ Iуэху пэрымыхьами, ар нэгъэсауэ къызэхъулIа Хьэмид ищIэфар хузэфIэмыкIыу къэнам нэхърэ куэдкIэ зэрынэхъыбэм шэч хэлъкъыми, и IуэхущIафэхэмрэ IэдакъэщIэкIхэмрэ уахътыншэ зэрыхъунум шэч къытетхьэркъым. Адыгэ лъэпкъым щIэныгъэ, литературэ Iуэхухэм теухуауэ зиужьыным зи гуащIэ хэзылъхьа Къэжэр Хьэмид ХьэтIутIэ и къуэр ди гум илъынущ куэдрэ.
- КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэм,
- щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэ,
- Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университет,
- Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ
- Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал институт,
- КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэ,
- Дунейпсо Адыгэ Хасэ,
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэ,
- «Адыгэ псалъэ» газет,
- «Эльбрус» тхылъ тедзапIэ,
- «Iуащхьэмахуэ» журнал,
- Къэбэрдей-Балъкъэр радио.