Къэрал щIэгъэкъуэныгъэм и фIыгъэкIэ
2018-08-25
- Щхьэлыкъуэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и кIуэцIыр зыхуей хуэзэу зэрагъэпэщыж.
Псори зэхэту абы текIуэдэну сом мелуанитIрэ ныкъуэр «2014-2017 гъэхэм, 2020 гъэм нэсыху къуажэ щIыналъэхэм зэIузэпэщу зегъэужьын» федеральнэ программэм ипкъ иткIэ къыхуаутIыпщащ.
- 1958 гъэм ящIауэ щыта ЩэнхабзэмкIэ унэм и кIуэцIыр илъэс 20-м щIигъуауэ зэрагъэпэщыжатэкъым.
- ИджыпстукIэ блынхэр къатхъунщIащ, фейцей хъуа щхьэгъубжэхэр къыхахауэ щIэхэр зэрыхагъэувэнум хуагъэхьэзыр. ФокIадэм и кIэхэм лэжьыгъэхэр яухыну я мурадщ.
- Метр зэбгъузэнатIэ минрэ щиблрэ зи инагъ ЩэнхабзэмкIэ унэм цIыху 300-м тIысыпIэ щагъуэтынущ. Абы хэтщ къуажэ библиотекэр, унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ лажьэ гупжьейхэр зыщIэсыну пэшхэр.
- КIарэ Элинэ.