ПщIыхьэпIэ дахэм хуэдэт
2018-07-10
- ФутболымкIэ XXI дунейпсо чемпионатым и медалхэр зыIэрыхьэнухэр наIуэ хъуащ. Урысей Федерацэм и командэ къыхэхар абыхэм яхэткъым, ауэ ар дыщIэпIейтеин Iуэхугъуэкъым.
Мазэ ипэкIэ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхар зымыуба къэгъуэтыгъуейщ. Ар икIи щхьэусыгъуэншэтэкъым — дунейпсо чемпионатым зыщыхуагъэхьэзыра лъэхъэнэм абы хагъэхьа щIалэхэм гур щIэзыубыдэн гуэри дагъэлъэгъуакъым. Уеблэмэ иужьрей зэIущIиблым зыри хагъэщIэфакъым, я джэгукIэри мыхьэнэншэт. Хэт и гугъэнт футболымкIэ XXI дунейпсо чемпионатыр къыщызэIуаха мэкъуауэгъуэм и 14-м щыщIэдзауэ, псоми зихъуэжу, пщIыхьэпIэ дахэм дыкъыхэхутэну?! Зэи къэхъуакъым иджырей ехъулIэныгъэм хуэдэ зыIэрызыгъэхьа командэ къыхэха Урысей Федерацэм нэхъапэм щиIа. ФИФА-м мазэ къэс зэхигъэувэ рейтингымкIэ ди къэралыр 74-нэ увыпIэм щыту зэхьэзэхуэм щIидзащ. Иджы дунейм щынэхъыфI команди 8-м дахыхьащ. Нэхъыбэжым ущыгугъыныр егъэлеиIуат.
- ФутболымкIэ XXI дунейпсо чемпионатыр ди къэралым зэрыщекIуэкIым ифI куэд къыдэкIащ. Къапщтэмэ, армырамэ апхуэдэ ехъулIэныгъэ топджэгум дызэрищимыIэнур хьэкът. Сыт щыгъуи изу щыта стадионхэм къыщызэхуэсахэм я нэхъыбэр, дауи, зыдэщIар хэгъэрейхэращ икIи ди футболистхэм нэгъуэщI зы хэкIыпIи яIэтэкъым, текIуэныгъэм щIэбэныну фIэкIа. Аращ дэрэжэгъуэ къахуэзыхьари.
Ди щIалэхэм испанхэр зэIущIэ нэужь пенальтихэмкIэ зэрыхагъэщIар зэрымыщIэкIэ къэхъуауэ жыпIэ хъунущ. Апхуэдэу щыт пэтми, адэкIэ кIуэтар дыдейхэращ. Иджыри Iэмал хъарзынэ къыкъуэкIат ехъулIэныгъэхэм къыпащэну. Сыти жыIи, финалым и Iыхьэ плIанэм ныкъуэкъуэгъу къащыхуэхъуа хорватхэр Германием, Бразилием, Аргентинэм е нэгъуэщI командэ лъэщхэм япэлъытыгъуейщ. Аращи, бэнэныгъэм пыщэн, текIуэныгъэм ерыщу хущIэкъун хуейт. АбыкIэ Черчесов Станислав и гъэсэнхэм щIыхуэ къатенакъым.
- Испанхэм зэрадэджэгуам хуэдэу аргуэру ди щIалэхэр, зыхъумэжыныгъэр я нэщэнэу, я хьэрхуэрэгъухэм япэщIэтыну хуэзыгъэфэщахэр щыуащ. Иджы Урысей Федерацэм и футболистхэм текIуэныгъэм и IэфIагъыр зыхащIат икIи абы къыпащэну япэ дакъикъэхэм щыщIэдзауэ хущIэкъуащ. Хорватхэми я мурадыр арати, зэIущIэр дунейпсо зэпеуэм хуэфащэ дыдэ хъуащ.
- Зым и ебгъэрыкIуэныгъэм адрейм къыпищэурэ, Сочэ и «Фыщт» стадионым къыщызэхуэса цIыху мин 44-м щIигъумрэ телевизоррэ интернеткIэ абы кIэлъыплъа бжыгъэншэхэмрэ я нэгу зрагъэужьащ. ЗэпэщIэтыныгъэ дахэр нэхъ гуащIэж ищIащ 31-нэ дакъикъэм Черышев Денис бжыгъэр къызэрызэIуихам. Испанием зыщызыгъэса икIи щыджэгу а щIалэщIэр топ димыгъэкIыу мы зэIущIэми къыхэкIыжакъым. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Урысей Федерацэм мы чемпионатым щригъэкIуэкIа джэгугъуитхуми абы топ щыдигъэкIащ (Сауд Хьэрыпым — 2, Мысырым — 1, Уругвайм — езым и гъуэм 1, Испанием зэIущIэ нэужь пенальтикIэ — 1, Хорватием — 1). Денис и иужьрей топри дахэ дыдэт икIи хорватхэм я гъуащхьэтет Субашич абы къригъэгъэзэну, уеблэмэ, хущIэкъуакъым — гурыIуэгъуэт зыри зэрыхуемыщIэнур.
- Ди жагъуэ зэрыхъущи, те-кIуэныгъэр къахуэзыхь бжыгъэр ди щIалэхэм зэрахъумэфар дакъикъи 8 къудейщ. Крамарич зэхуэдэ ищIыжащ адэкIэ кIуэтэн папщIэ командэхэм я Iэмалхэр.
- Джэгум и етIуанэ Iыхьэри удэзыхьэх хъуа щхьэкIэ, зы-ри къыхэжаныкIыфакъым. Арати, аргуэрыжьу, таймитI, зэхэту сыхьэт ныкъуэ я кIыхьагъыу, къыщIагъуащ. Абы икухэм хорватхэм я гъуащхьэхъумэ Видэ и командэр япэ щригъэщам гур пыхуат, дыдейхэм Iуэхур зэрагъэзэкIуэжын къару ямыIэу къытщыхъури. АрщхьэкIэ Черчесовым и нобэрей гъэсэнхэр щхьэмыгъазэт икIи зэIущIэр иухыным дакъикъитху фIэкIа къэмынэжауэ ди гъуащхьэхъумэхэм я жэуапри хьэзыр хъуащ — Фернандес ебгъэрыкIуэхэм яхыхьэри, щхьэкIэ бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжащ, Дзагоевым Iэзэу топыр къызэрыхитам и фIыгъэкIэ.
- Аргуэру зэIущIэ нэужь пенальтихэр! Мыбы ипэкIэ, финалым и 1/8-нэ Iыхьэм, Урысей Федерацэми Хорватиеми я командэ къыхэхахэр адэкIэ зэрыкIуэтар абыхэм я фIыгъэкIэт, я гъуащхьэтетхэм фIы дыдэу зыкъызэкъуахри. Акинфеевымрэ Субашичрэ иджы хэт зи насыпыр текIуэнур? А упщIэм дакъикъэ зыбжанэм жэуап къратынут.
- Метр пщыкIузым и деж япэу бгъэдыхьащ Урысей Федерацэм иужь илъэситIым и футболист нэхъыфIу къалъыта Смолов Фёдор. Нэхъ Iэзэ дыдэхэм зэращIым хуэдэу ар гъуащхьэтетым ебзэджэкIыну хущIэкъуащ, гъуэм и курыкупсэмкIэ топыр иутIыпщри. АрщхьэкIэ апхуэдизу щабэу топым еуати, Субашич абы къылъэIэсыжри къригъэгъэзащ. Хорватхэр занщIэу япэ ищащ.
- Брозовичрэ Дзагоевымрэ я Iэмалхэр къагъэсэбэпащ.
- Ковачич зэуа топыр плIанэпэ дыдэм кIуэ пэтми, Акинфеевым къригъэгъэзащ. АрщхьэкIэ Фернандес ар псыхэкIуадэ ищIащ, гъуэм зы мащIэкIэ блигъэцIэфтри.
- АдэкIэ хорватхэр япэ ищащ икIи я тепщэныгъэр зыIэщIагъэкIакъым. Абыхэм я Модрич, Видэ, Ракитич сымэ топхэр дагъэкIащ. Ди Игнашевичрэ Кузяевымри дагъуэншэт, ауэ… 4:3-м финалым и Iыхьэ ныкъуэм игъэкIуар Хорватием и командэ къыхэхаращ.
- Медалхэм щIэбэнынухэм яхэхуакъым Бразилиер. Дуней псом тхуэнейрэ и чемпионхэр хагъэщIащ (2:1) апхуэдэ ехъулIэныгъэ зэи зимыIа Бельгием. Франджыр ефIэкIащ Уругвайм. Илъэс куэд хъуауэ яхузэфIэмыкIауэ инджылызхэр финал ныкъуэм нэсащ. Ахэр шведхэм ятекIуащ.
- Нобэрэ пщэдейрэ зэхэтыну зэIущIэхэм ягъэбелджылынущ финалым щыджэгунухэр. Абы папщIэ Бельгиемрэ Франджымрэ зэпэщIэтынущ, Инджылызымрэ Хорватиемрэ зэныкъуэкъунущ. Зэрынэрылъагъущи, футболымкIэ XXI дунейпсо чемпионатым и медаль псори Европэм щыщ къэралыгъуэхэм зэхуагуэшыжынущ. Ахэращ финалым и Iыхьэ ныкъуэм нэсыфар. Апхуэдэ иужьу къыщыхъуар къэщIэжыгъуейщ.
- Жыласэ Заурбэч.