КIуэкIуэ Юрий зи щхьэ IуэхукIэ къекIуэлIа цIыхухэм щаIущIащ УФ-м и Президентым и жылагъуэ екIуэлIапIэу КъБР-м щыIэм
2018-06-23
- Республикэм и Iэтащхьэм зыкъыщIыхуагъэза Iуэхухэм ящыщщ гугъуехь хэхуа унагъуэхэм ядэIэпыкъуныр, узыфэ хьэлъэ зыпкърыт сабий ныкъуэдыкъуэр дохутыр IуэхущIапIэм гъэкIуэныр. Апхуэдэу тхьэусыхафэхэр ятеухуауэ щытащ псэупIэ Iуэхухэм, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и Iуэхутхьэбзэхэр егъэфIэкIуэным, цIыхухэр хущхъуэхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщыр гъэтэмэмыным, районхэм щыIэ социальнэ IуэхущIапIэхэм ядэIэпыкъуным.
- Тхьэусыхафэхэр дэгъэкIыным хуэгъэза пщэрылъхэр властымрэ управленэмрэ зыхуэфащэ я органхэм иратащ, Iуэхур щызэфIагъэкIыну пIалъэ пыухыкIахэри хуагъэуващ.
- ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор Мэкъуауэ Т. Э.
- Илъэсыр къызэрыунэхурэ псори зэхэту республикэм и Iэтащхьэм зыкъыхуагъэ- защ Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылагъуэхэм щыщу цIыхуи 131-м.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.