Урысей Федерацэ — Сауд Хьэрып — 5:0
2018-06-15
- ФутболымкIэ XXI дунейпсо чемпионатыр гуфIэгъуэ щытыкIэм иту дыгъуэпшыхь Мэзкуу и «Лужники» стадионым къыщызэIуахащ. Абы и пэщIэдзэ зэIущIэм Урысей Федерацэм и футболист нэхъыфIхэр щыдэджэгуащ Сауд Хьэрыпым и гуп къыхэхам.
- Къэрал пщыкIутхум я лIыщхьэхэри яхэту цIыху мин 81-м нэблагъэ кърихьэлIэу екIуэкIа зэIущIэр хуабжьу удэзыхьэх хъуащ. Ар дунейм и щIыпIэ псоми телевизоррэ интернеткIэ щагъэлъэгъуащ. Зэрыхуа-гъэфащэмкIэ, псори зэхэ-ту абы цIыху мелардым щIигъу еплъащ.
- ФутболымкIэ XXI дунейпсо чемпионатыр къызэIуха хъуащ Урысей Федерацэм и футболистхэм я текIуэныгъэкIэ. Абыхэм 5:0-у хагъэщIащ Сауд Хьэрыпым и командэ къыхэхар.
- Дунейпсо чемпионатым и пэщIэдзэ зэIущIэхэр зэрекIуэкIам теухуа тхыгъэ ди газетым тетынущ. ЗэкIэ фигу къыдогъэкIыж ар къызэрежьэрэ зэхьэзэхуэр здэщыIа щIыпIэхэмрэ абыхэм текIуэныгъэр къыщызыхьахэмрэ.
-
- ЖЫЛАСЭ Заурбэч.