Псори къашэжынущ
2018-06-08
- Шэшэным и властхэр яужь итщ ИГИЛ-м (Урысейм щыIэну хуит щамыщI террорист зэгухьэныгъэщ) къыхэхъукIа сабийхэр къашэжыным.
- Иракым суд щытращIыхь боевикхэмрэ абыхэм ядэIэпыкъуахэмрэ. Ягъэкъуаншэхэм яхэтщ ялI террористхэм я гъусэу Iэпхъуа урысей цIыхубзхэри.
- Нэхъапэм я Iуэхур зезыхуэр Шэшэным и властхэм я закъуэт. Иджы абы хыхьащ къэрал псор. Дэ дызыхущIэкъур закъуэтIакъуэ мыхъуу, сабий псори къанэ щымыIэу зэтшэлIэнырщ», — къыджиIащ Жылагъуэ лэжьакIуэ Сайдаев Ислам.
- Уэчыл Саратовэ Хеда и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, я Iыхьлыхэр къыхуагъуэтыжыну лъаIуэу властхэм зыхуагъэзащ Шэшэным, нэгъуэщI щIыналъэхэм я цIыху минитIым щIигъум.
- ЦIыхубзхэр къэпшэжыну нэхъ гугъущ. Иракым и унафэщIхэм ягъэткIиящ абыхэм яхуэгъэза хабзэр. Боевикхэм я щхьэгъусэ псори бандитизмэмкIэ, хабзэр къызэпауду Иракым и щIыналъэм зэрыкIуамкIэ ягъэкъуаншэу суд тращIыхь.
- Урысейм и цIыхубз 21-рэ игъащIэкIэ щысыну ягъэтIысащ, тIум я щхьэхэр палъащ, 26-р тезырым поплъэ.
- «Абыхэм я сабийхэр зэкIэ приютхэм щыIэщ, — жеIэ Саратовэм. — Урысейм и властхэр ирак лъэныкъуэм йопсалъэ а къэралым зи суд щащIахэм тезырыр УФ-м и щIыналъэм щрагъэхьыну».
- Шэшэным и Iэтащхьэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, мыгувэу Багдад кърашыжынущ сабий 49-рэ. НэгъуэщI сабий 45-р ди деж къыщысыжынур иужькIэщ.